Тхыдэ

Тхыдэр щыхьэт тохъуэ

Адыгэ тхыдэм и нэхъ Iуэхугъуэ зэIумыбзхэм ящыщщ XVIII — XIX лIэщIыгъуэхэм абыхэм я бжыгъэр зэрыхъуу щытар. Адыгэхэм я бжыгъэр нэхъ белджылы хъууэ щыщIидзар XVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэращ.
А Iуэхур япэ зыублахэм ящыщщ урыс щIэныгъэлIхэр, тIасхъэщIэххэр, дипломатхэр. Абыхэм я нэхъыбэм а зэманым къызэрагъэлъэгъуамкIэ, адыгэхэм я бжыгъэр мин 300-м къыщыщIэдзауэ мин 500-м нэсу арат.

Адыгэ лъэпкъхэр къызэрыхъуам теухуауэ

Иджырей адыгэхэр, къэбэрдейхэр, шэрджэсхэр къызэщIэзыубыдэ адыгэ лъэпкъыр къызэрыхъуа щIыкIэр кавказоведенэм иджыри IупщIу иубзыхуауэ плъытэ хъунукъым. Ауэ жыпIэ хъунущ адыгэхэм я къуэпсыр пасэрей меот, синд, псесс, керкет, зих, кашк (касоги) илъэс минитIым щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ, тенджыз ФIыцIэмрэ Азоврэ я Iуфэм щыщIэдзауэ Псыжь и къежьапIэр хиубыдэу Iусахэм я деж къызэрыщежьэр. 

УщыдэкIуеинури ущехуэхынури пщIэркъым

ЕтIуанэ дунейпсо зауэм хэта нэмыцэ дзэзешэхэм ящыщу нэхъ пщIэшхуэ зиIар фельдмаршал Роммель Эрвинт. ЗэхэгъэкIыгъуэ щыхэхуами, абы нэхъ къищтащ и щIыхьыр хамыутэу лIэныр.

ЗекIуэм пыщIа хабзэхэр

Адыгэхэм я гъащIэм зекIуэм мыхьэнэуэ щиIар къэлъытэгъуейщ. ЗекIуэм пыщIа Iуэхугъуэ псори зэхэплъхьэмэ, зы щIэныгъэ псо мэхъу.  Абы зэпкърыхауэ тотхыхь тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Мэрзей Аслъэн.

АдыгэщIыр я плъапIэт

XVI лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм и пэщIэдзэм Кавказым и гъунапкъэхэм щимэу къыщыунэхуащ Тыркумрэ абы и жыIэм тету псэу Кърым хъаныгъуэмрэ я пашэу Персым, Урысейм я зауэ къару лъэщ. Абыхэм, зым ейр адрейм темыхуэу, ирагъэкIуэкI къэрал кIуэцI, къэрал щIыб Iуэхухэм фIэкIыпIэ имыIэу тещIыхьат адыгэ лъахэм зэрызиужьынумрэ абы иригъэкIуэкIын хуей жылагъуэ Iуэхугъуэхэмрэ.

Абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ лъэпкъыжьщ

Хуэбгъэфащэ хъунущ пасэрей адыгэхэр къызытепщIыкIыжа лъэпкъыр КъухьэпIэ Кавказым ди эрэм и пэ илъэс мин ещанэр щекIуэкIым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Мейкъуапэ культурэр щыщыIам, зэфIэувэу щIидзауэ. ИкIи ар, археологием къызэригъэлъагъуэмкIэ, щIыпIэм иса лъэпкъхэмрэ къэкIуахэмрэ зэхыхьэу къэхъуауэ аращ. Иужьрей илъэсхэм ягъэтэмэмащ Мейкъуапэ культурэр щызэфIэувэм абы а лъэхъэнэм культурэ лъагэ зиIа Переднэ Азием иса лъэпкъхэм я жэрдэм куэду халъхьауэ зэрыщытар.

Испанием и дыщэр. Дэнэ ар зыдэкIуар?

 Иджы нэхъ зи гугъу ямыщIыжхэм ящыщ 1936 - 1939 гъэхэм Испанием щекIуэкIа граждан зауэр. Ауэ Совет Союзым и зэманым ягъэвууэ щытащ. Дэ тщIэрт Испанием и сэмэгу къарухэм я зэгухьэныгъэр-цIыхубэ фронтыр а къэралым зэрыщытекIуар, ауэ ар ямыдэу зыкъэзыIэта зауэлIхэр коммунистхэм къызэрагъэпэща правительствэм зэрапэщIэувар. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, властыр IэщIыхьащ илъэс куэдкIэ къэралым фашист хабзэхэр щызезыгъэкIуа генерал Франко Франсискэ. Ар къыщыхъуар лъэныкъуэхэр гуащIэу зэпэщIэта иужькIэщ.

Лъагъуэшхуэрэ лъэужьыншэ

Черкасский Алексей 1680 гъэм фокIадэм и 28-м Москва къыщалъхуащ. Урысей тхыдэм лъагъуэшхуэ къыхинащ абы, ауэ езыр лъэужьыншэ хъуат. 

Гъуджэхэр

Пасэрейхэм я псэуалъэхэр щаухуэрт тенджызхэм, гуэлхэм, псы ежэххэм пэгъунэгъуу. Арати, псыр цIыхухэм яхуэхъуащ япэ «гъуджэ». Пасэрей цIыхухэм я теплъэр тралъагъуэрт псы щIыфэм. Абы къыхэкIыу, псым удыгъэ гуэрхэр хэту, щэху куэд игъэпщкIуу къалъытэрт. Пасэрей цIыхухэр щыпсэуа бгъуэнщIагъхэм кумб цIыкIухэр зиIэ мывэ мыинхэр къыщагъуэтыжащ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, фалъэ щIыкIэу щыт мывэхэм псы иракIэрти, гъуджэ папщIэу къагъэсэбэпырт.

Франк - хуит

Ахъшэхэм я нэхъыбапIэм фIащыжащ къыщыщIагъэкIа щIыпIэм и цIэр. XIV-нэ лIэщIыгъум къэунэхуа франкым и цIэр Франджым и пащтыхьыр гъэрыпIэм къызэрырашыжам къытехъукIащ. 1356 гъэм Пуатье деж щекIуэкIа зэхэуэм гъэру яубыдауэ щыта франджы пащтыхь Иоанн II-р инджылыз гъэрыпIэм къызэрырашыжам и щIыхькIэ I360 гъэм къыщIэгъэкIын щIадзащ а дыщэ ахъшэр. «Франк» жиIэмэ «хуит» жиIэу къокI.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ