Тхыдэ

Лапинский Теофил щыхьэт тохъуэ

КАВКАЗ зауэм и тхыдэм щыцIэрыIуэщ поляк зауэлI хахуэ Лапинский Теофил (1826 - 1886 гъгъ.) И лъэпкъэгъу гупышхуэ къыздишэри, ар Шэрджэсым къэкIуауэ щытащ 1857 гъэм, илъэсищкIэ ядэзэуащ адыгэхэм (шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм).

ТIуапсэ деж

Художник цIэрыIуэ хъуауэ, И. К. Айвазовскэр 1839 гъэм Феодосие къэкIуэжыгъащ. Кавказ зауэм и гуащIэгъуэт абы щыгъуэ. ТIуапсэ деж кхъухькIэ къебгъэрыкIуэн мурад яIэт урыс дзэпщхэм.

Ажджэрий и къуэ Кушыкупщ

Урыс-Кавказ зауэм и тхыдэм щыцIэрыIуэ дыдэщ Ажджэрий и къуэ КушыкупщкIэ зэджэр. КъызыхэкIар пщы лъэпкъщ, аращ КушыкупщкIэ щIеджэр. ЛъэпкъкIэ зыщыщыр нобэми IупщI хъуакъым.

ИстамбылакIуэ

Ермоловым и зэман лъандэрэ хабзэ яхуэхъуауэ, урыс пащтыхьым и дзэпщхэр кавказ бгырысхэм я ужь къызэритар мафIэрэ джатэрэщ.
МафIэмрэ джатэмрэ къела бгырысхэр я хэкум ирамыхуауэ, Кавказыр я IэмыщIэ зэрырамыубыдэфынур щIэх дыдэ къагурыIуащ урыс дзэпщхэм.

ХьэмкIэтIий деж

АБАЗЭХЭ лIыкIуэхэм епсэлъэн папщIэ, урыс пащтыхьыр (Александр ЕтIуанэр) 1861 гъэм и бжьыхьэм ХьэмкIэтIий къызэрыкIуэм и хъыбар Iуащ. Абазэхэхэмрэ урыс пащтыхьымрэ зэрызэIущIам и хъыбарыр иджыри къэс ящIэж зи ныбжь хэкIуэтахэм - зыбжанэрэ срихьэлIащ апхуэдэ лIыжьхэм, абыхэм ящыщщ си анэ дэлъху Азэмэт-Бгъуащэ Мэхьэмчэрий.

Лъапсэрых

Кавказ зауэр илъэсищэкIэ зэрекIуэкIам псори дыщыгъуазэщ - Къэбэрдейм щызэхаублэри, убых щIыналъэм 1864 гъэм щаухащ ар. Зауэм Кавказ щIыналъэм и нэхъыбапIэм зыщиубгъуауэ щытащ, ауэ ар лъапсэрых зыхуэхъуар адыгэхэрщ: зауэм хэкIуэдам нэмыщI, я хэкур ирагъэбгынащ адыгэхэм я процент бгъущIым. Шэч лъэпкъ хэлъкъым ар зэрыгеноцидым - апхуэдэ лей ирахащ адыгэхэм: я хэкур нэщI хъуху, лъапсэрых зауэр ящхьэщыкIакъым. Аращ геноцидкIэ зэджэр - лъэпкъыр зэтебукIэрэ и хэкум ипхумэ.

Пащтыхь гуащэм и тхыгъэ

Генерал Къундыхъу Мусэ и гукъэкIыжхэм щыщ

Пщыхэр сшэри, Тифлис дыкIуащ. Штабым и унафэщIым къицIыхурт ахэр. Ар къепсэлъа нэужь, пщыхэр корпусым и Iэтащхьэм иригъэблэгъащ.

Бийр жылэм щыдэтам

1942 гъэм жэпуэгъуэм и 25-м щегъэжьауэ 1943 гъэм щIышылэм и 3 пщIондэ зэрыпхъуакIуэхэм Къэхъун яIэщIэлъащ. Биидзэм нэхъыбэу хэтыр румынхэрт. Арауэ къыщIэкIынущ хьэкIэкхъуэкIагъэ куэд щIызэрамыхьари. АрщхьэкIэ унафэр зыIэщIэлъ офицерхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу нэмыцэхэт.

Къанокъуэ Мэхъэшокъуэрэ Сулеймэн Телъыджэмрэ

1950 гъэм щегъэжьауэ зэфIэува совет тхыдэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, адыгэпщхэу Мэхъэшокъуэрэ Елбэздыкъуэрэ 1552 гъэм лъэпкъыр кърым-тэтэрхэм ­кърагъэлыну лъаIуэу Мэзкуу зэрыкIуар урыс пащтыхьы­гъуэм хуэгъэза япэ адыгэ дип­ломат гупыжщ. Щхьэусыгъуэ зэтемыхуэхэм къыхэкIыу, нэхъыбэм политикэм епхауэ, урыс-адыгэ зэхущытыкIэр но­бэми пхэнжу къэзыгъэлъа­гъуэ тхыдэджхэр щыIэщ.

«Кавказыджхэм я лэжьыгъэхэр»

Газетеджэхэр щыгъуа­зэ тщIыну ди гуапэщ ­Истамбыл къыщыдэкI «Кавказыджхэм я лэ­жьы­гъэхэр» журналым и зи чэзу номерыр дунейм къы­зэ­рытехьам. БзищкIэ (тыркубзэ, уры­сыбзэ, инджылызыбзэ) зэхэгъэува тхылъхэм адыгэ тхы­дэм тетхыхь щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэщIэхэр ихуащ.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ