Тхыдэ

«Гъуазэ» газетым тета тхыгъэхэм ящыщхэр

Мы дгъэхьэзыра тхыгъэхэм я нэхъыбэр «Гъуазэм» адыгэбзэкIэ (къэбэрдеибзэкIэ) къытрадзащ. ХьэрыпыбзэкIэ къытехуахэр хэхауэ къыдогъэлъагъуэ. Япэ тхыгъэмрэ («Iуэху мыублэм блэ хэсщ») иужьреймрэ («Адыгэм ди кIуэдыжыкIэр») нэмыщI, адрейхэр иджырей тхыбзэмкIэ къизытхыкIар, хьэрыпыбзэкIэ тхахэр зэзыдзэкIар ЯфIэунэ Абдулщ.
Статьяхэм я щIагъ къыщыхьа зыгъэнахуэ псалъэхэр, («Адыгэм ди кIуэдыжыкIэм» ехьэлIа зы закъуэм нэмыщI), хуэзыщIар дэращ. Езы текстым хэту къакIуэ зыгъэнахуэхэр хэзыгъэувар ЯфIэунэрщ, абыхэм езым и цIэр («Аб.»-жиIэу) нагъыщэ трищIати, зэрыщыту къэдгъэнащ.

Граф Орлов и адыгэ мэлыхъуэхьэр

Мы сурэтыр 1903 гъэм Друри У. Д. и Iэдакъэ­щIэ­кIыу къыдэкIа «Инджы­лыз хьэ лъэпкъхэр» тхы­лъым щыщ пычыгъуэщ.

Адыгэхэр къызытехъукIар

Дунейм цIыхуу тетыр расэ зэмылIэужьыгъуэу зэщхьэщедз, зэрытщIэщи: европеиднэ, негроиднэ, монголоиднэ, американоиднэ, австрало-веддоиднэ, къинэмыщIхэри. Дэтхэ­нэ­ри иджыри къудамэ зы­щыплIу зэщхьэщокIыж. Ауэ, цIыхур лъагэмэ, и нэкIур бгъуэмэ, натIэ лъагэмэ, и нэпкъпэпкъыр къишарэ и жьэпкъыр хуэпсыгъуэмэ, пэ къуаншэмэ, нэ фIыцIэрэ щхьэц фIыцIэмэ, абы щхьэкIэ европеиднэ расэ, е «кавказ лIэужьы­гъуэ» жаIэ.

Тырку уафэ щIагъым

Хэкур фIыуэ лъагъуным къыхузэщIэзыIэтэу уващ къэралыр зыгъэзджызджа зэщIэхъееныгъэу лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм и лъэхъэнэм щыIар. Абы хуэфэщэн щIыпIэ щиубыдащ тырку буржуазнэ литературэм. ИщхьэкIэ къызэрыщыдгъэлъэгъуащи, а гъэхэм Къалэдахэм нэхъ къехъулIащ «МафIэ джанэ», «ФукI цIыхубз куэпэчыр!» жыхуиIэ романхэр.

ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых

Академием  и унафэщIу  здэщытым Намыкъым куэд ищIэрт  икIи хэлъ хьэлыфIхэмрэ  иIэ  цIыхугъэ лъагэмрэ  гукъинэж  ящыхъурт абы къыдэлэжьахэм.  Исмэхьил  и  къуэдзэу щытахэм ящыщ зым игу къегъэкIыж:

ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых

Анкара Тыркум и къалащхьэ къудейкъым, атIэ мэжджыт инхэм ящхьэщыт мазэ ныкъуэхэмкIэ уафэгум зыхуэзыIэт щыхьэрщ. Куэд уигу къегъэкI а муслъымэн дамыгъэм, куэдым урегъэгупсыс вагъуэмрэ мазэ ныкъуэмрэ зэрызэхьэлIам... Си щхьэм къищхьэрыуа гупсысэр пшагъуэ кIыфI щIыIэу псэм тегъуалъхьэу, аргуэру си нэгу къыщIэувэну къыщIэкIынт зи гъащIэр хамэщIым щыункIыфIа ди хэкуэгъу нэхъыжьхэр, ауэ зытэлайкIэ щыма Айхьан, гуейщеин зэрыщIэздзэм гу лъита - псалъэмакъыр нэгъуэщIыпIэкIэ триIуэнтIэж хьисэпу, къэпсэлъащ:
- Пщыхьэщхьэ дахэщ ныщхьэбэ, зэкъуэшитI зэхуэзам Алыхьыр къытхуэупса  пэлъытэщ.

Си Хэку щынэхъ щIыIэ махуэ закъуэ ХамэщI гъатхищэ нэхърэ нэхъ къэсщтэнщ

ХьэрыпыбзэкIэ Каир къыщыдэкIащ КIыщокъуэ Алим «Мазэр къыщыунэхум» зыфIища романыр, Щам щытрадзащ Аджыкъу-Джэрий Михаил и повесть «Уафэгъуагъуэ макъ» (зэзыдзэкIар Дэбжэн Динэщ).

Си Хэку щынэхъ щIыIэ махуэ закъуэ ХамэщI гъатхищэ нэхърэ нэхъ къэсщтэнщ

(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр щэкIуэгъуэм и 1, 9-хэм итщ.)

Си Хэку щынэхъ щIыIэ махуэ закъуэ ХамэщI гъатхищэ нэхърэ нэхъ къэсщтэнщ

«Сэрэ си гъусэхэмрэ Черкес-кой къуажэм дыщыдыхьам щыгъуэ, - етх Буллемэр, - дэ дыкъаухъуреихьат кавказыбгхэм я бын щхьэпэлъагэ нэкъуэлэнхэм. Ахэр адрей къуажэдэсхэм къахыумыцIыхукIынкIэ Iэмал иIэтэкъым: я теплъэкIэ зэкIужт, цIыхухэм щахэтым деж екIуу заIыгът.

Си Хэку щынэхъ щIыIэ махуэ закъуэ ХамэщI гъатхищэ нэхърэ нэхъ къэсщтэнщ

(ПэщIэдзэр щэкIуэгъуэм и 1-м къыдэкIа номерым итщ).

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ