Тхыдэ

Инаркъуейхэм я уэрэдыр къызэрагъуэтар

Мы уэрэдыр зымыщIэ щыIэу къыщIэкIынкъым, и хъыбарри мызэ-мытIэу газетым къытехуащ. Ауэ ар дунейм къытехьа зэрыхъуа щIыкIэр гъэщIэгъуэну зэрыщытар къыхощыж Гъут Iэдэм и гукъэкIыжхэм.

ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ

Адыгэ (шэрджэс) лъэпкъыр Кавказым ис адрей лъэпкъхэм я нэхъыжьу жыпIэмэ ущыуэну къыщIэкIынкъым. Абы и щыхьэтщ ди эрэм ипэ къихуэу илъэс минитIкIэ узэIэбэкIыжмэ, Азие ЦIыкIум къэралыгъуэ яIэу иса хьэтхэм дакъызэрытехъукIар. Дуней псом дыкъезыгъэцIыхуа ди хабзэ дахэр, ди нарт эпосыр, ди фащэ екIур, нэгъуэщI куэдри къыщежьэр хьэтхэм я дежщ, абы къегъэлъагъуэ лIэщIыгъуэ кIыхь къызэрыткIуар. Урыс-Кавказ зауэм и зэранкIэ ди лъэпкъыр дуней псом щикъухьа хъуами, хэкужьым къинахэмрэ икIахэмрэ дызэрыщIэу, дызэлъэIэсу дызэдопсэу, дызэрыадыгэр ди напщIэ телъу, абы дрипагэу.

Гуащэхужь умыхъуамэ, сыт узэрыпагэр?

Адыгэхэм я цIыхубзхэр ягъэпщкIуртэкъым, джэгу хыхьэнуми, хьэщIапIэ кIуэнуми, пэрыуэ щыIэтэкъым, я щхьэ хуитт, дэни пщIэ щагъуэтырт. Арат зи ныбжь нэса пщащэ дахэхэр щIэх дыдэ цIэрыIуэ щIэхъури, псэлъыхъур щIакуэдри. 

Инарыкъуей хъыбар

Революцэм ипэкIэ Къэбэрдей къуажэхэм зэрахьэу щыта цIэхэм ящыщщ Инарыкъуей фIэщыгъэр. Ауэ Инарыкъуей жылагъуэр зытеIукIа Инарокъуэхэ зэрыцIэрыIуэр пщыгъэкIэтэкъым – лIыгъэкIэт.

А къуажэм щыщ си ныбжьэгъу нэхъыщIэ, цIыху гуапэ, Брамтэ щыпсэу Шыдакъ Алик къысхуиIуэтэжа хъыбарым къыхэсщIыкIа мы тхыгъэри зытеухуар лIыгъэщ.

Ар фэрыщIыгъэщ

Украинэм щекIуэкIхэр тегъэщIапIэ ищIурэ, США-м  Урысейр егъэкъуаншэ абы СССР-р зэфIигъэувэжыну, Европэр иубыдыну и  мураду. Мыбдежым Вашингтон, зэрыгурыIуэгъуэщи, и гугъу щищIыххэркъым, а къэралым егъэщIылIауэ къэхъея къаугъэр къызыхэкIа щхьэусыгъуэхэм. Ахэр псоми ящIэ: 2014 гъэм иужькIэ Киев нацизмэм и гъуэгум теуващ, мыукраинхэр езыхэм я бзэкIэ псэлъэн хуэмейуэ игъэуващ, шынагъуэ пылъу IэщэкIэ зызэщIиузадэу щIидзащ. Дауи, езыр сыт и лъэныкъуэкIи къыдэIэпыкъуу.

Торнау етхыж

Я щIыналъэр, я бжыгъэр, я гъуэгухэмрэ я быдапIэхэмрэ ирагъэхутэн, нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, я тIасхъэ щIрагъэхын папщIэ, Кавказ зауэм и зэманым адыгэхэм тIасхъэщIэх щIэх-щIэхыурэ къыхаутIыпщхьэу щытащ урыс пащтыхьым и дзэпщхэм. Хэкумрэ лъэпкъымрэ епцIыжа къумалхэр гъусэ яхуэхъуурэ, абыхэм ящыщ зыбжанэм яхузэфIэкIауэ щытащ адыгэ щIыналъэм зыщаплъыхьын – я тIасхъэ щIахын. 

Пшэхэм я щыгум

Иджыблагъэ дунейм къытехьащ Дон Iуфэм Iус Ростов къалэм щыпсэу лъахэхутэ Кориневский Юрий «Кавказ зауэм и хроникэ» зыфIища тхылъыр. Абы щыхэлэжьыхьащ икIи щытрадзащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ.

Дзыхь зэхуащIыртэкъым

Урысейм и бий сыт хуэдэ Iуэхуми Европэр щызэкъуоувэ. Украинэм мы зэманым щекIуэкIхэри абы щыхьэт тохъуэ. Апхуэдэ щыIащ зэхипIытIэн, зэрипхъуэн мурадкIэ 1812 гъэм Наполеон Урысейм къыщытеуами: и дзэм и Iыхьэ щанэ къудейрт франджыхэр, адрейхэр нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщт. Хэку зауэшхуэм и зэманми фашист Германием къыкъуэтащ къанэ щIагъуэ щымыIэу европей къэралхэр: хэт дивизиехэр гъусэ къыхуищIащ, хэти гуп нэхъ цIыкIухэр къигъэкIуащ, хэти мылъкукIэ къыдэIэпыкъуащ. Уегупсыс хъунут я зэкъуэтыныгъэр жыжьэ къыщежьауэ, ауэ ахэр ипэжыпIэкIэ зэкъуэт?

Ар къуаншэкъым

НаIуэу зэрыщытщи, 1825 гъэм дыгъэгъазэм и 14-м Петербург и Сенат утыкум ихьащ зыкъэзыIэта зауэлIхэр. Абыхэм я пашэт лIакъуэлIэш офицерхэр. Апхуэдэу щIидзауэ щытащ «Декабрист восстанэу» тхыдэм къыхэнам. Мыарэзыхэм я мурадт пащтыхьым и власть гъунапкъэншэр традзу зэманым езэгъ икIи демократием и лъабжьэхэм тету псэу къэрал къызэрагъэпэщыну. Еджагъэшхуэхэм зэрыжаIамкIэ, апхуэдэу хъуамэ, етIощIанэ лIэщIыгъуэм Урысейр зыхэхуа зэхэгъэкIыныгъэ хьэлъэхэр щыIэнутэкъым. АрщхьэкIэ мыарэзыуэ къэувахэр зэхапIытIащ: ахэр пэлъэщакъым щыIэ ухуэкIэм къыщхьэщыжа дзэм.

Пасэм къыщожьэ

НаIуэу зэрыщытщи, Iулъхьэ къеIыхыныр, мылъку зэлъэфэлIэныр япэ дыдэу къежьа щIэпхъаджагъэхэм ящыщщ . Дунейр къызэриухуэри ар ягъэкIуэдыну хущIокъу, арщхьэкIэ япэлъэщыркъым.

Къагъуэтыжа пасэрей дэфтэрхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, япэ дыдэу а мыгъуагъэм пэщIэувар Тигр, Евфрат псыежэххэм я кум дэлъ щIыналъэм - пасэрей Междуречьем и къалэ-къэралхэм ящыщ зым и пащтыхьу щыта Уруинимгнэщ. Абы тетыгъуэр щиIыгъар ди эрэм ипэкIэ 2300 гъэхэрщ.

Археологхэм къатIэщIа тхыгъэхэм ящыщ зыр а пащтыхьым егъэлеяуэ щотхъу «мылъку зэзылъэфалIэхэмрэ хеящIэ напэншэхэмрэ къызэрыжьэдикъуам къыхэкIыу».

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ