Тхыдэ

ЛIыкIуэ лъапIэм теухуауэ

                     ЕтIуанэ Iыхьэ

Адыгэр Африкэми щыадыгэщ!

Псори дыщыгъуазэщ Мысырым лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ щыIа адыгэ зауэлI лъэпкъыу мамлюкхэм я хъыбар телъыджэхэм.  Адыгэ напэмрэ щIыхьымрэ яхъумэжу, къызыхэкIа лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэ дахэм иригушхуэу, лIыгъэ зэрахьэу псэуащ ахэр. Дауи,  Мысырым и закъуэкъым ахэр щыпсэуар. Тхыдэм къыхощыж мамлюкхэмрэ абыхэм я щIэблэхэмрэ Африкэм и къэралыгъуэ зыбжанэм куэду щыпсэуауэ, уеблэмэ абыхэм къатехъукIыжахэр нобэр къыздэсым щIыналъэ "фIыцIэм" щыIэу.

Къурагъ еупсей

Ди щIэджыкIакIуэ лъапIэхэ, фи лъэIукIэ тыдодзэ «Къурагъ еупсей» хабзэм и тхыдэмрэ ар зэрагъэзащIэу щытамрэ МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ Хабзэ» тхылъым къызэрыщыхьам хуэдэу. 

Жыхьэнмэр зищIысыр къащIат…

Иужь илъэсхэм куэд тражыIыхь «Европэ зэкъуэтым». Абы къикIри, ахэр Урысейм и бийуэ зэкъуэувауэщ. АрщхьэкIэ а «зэкъуэтыныгъэр» апхуэдизу быдэ? КIуэ пэтми, нэхъ белджылы къохъу ар апхуэдэу зэрыщымытыр: ЕС-м хэт къэралхэр езыхэр зэгурыIуэжыркъым, уеблэмэ зэрогъэплъ. Абы и щыхьэт Iэджи къыпхуэхьынущ. Ар къызыхэкIри гурыIуэгъуэщ: икIэм-икIэжым дэтхэнэми къилъыхъуэр езым и фейдэ зыхэлъхэрщ. А псом я щIыIужкIэ абыхэм я зэхуаку лъыи дэлъщ. 

ЛIыкIуэ лъапIэм теухуауэ

Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар къыщалъхуа мулид мазэр иджыри йокIуэкI. Дунейм нэхъ лъагэ дыдэу тета цIыхум и гъащIэ гъуэгум щыгъуазэ зытщIыныр муслъымэн псоми ди къалэнщ. Уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэн Iуэхур щхьэпэщ, итIани, а лъэхъэнэ жыжьэм дызэрыщымыпсэуам къыхэкIыу, тхылъым къитхри зэхэтхри пэжу зэрызыгурыдгъэIуэным делIэлIапхъэщ. Нобэ фи пащхьэ къитхьэ лэжьыгъэр зи IэдакъэщIэкIыр пасэ зэманым псэуа курд щIэныгъэлIышхуэ Iэл-Эрбили Мухьэмэдщ.

Адыгэхэм я макъамэ Iэмэпсымэхэр

Сыт хуэдэ лъэпкъми езым и дунеймрэ и хьэлымрэ къэзыIуатэ макъамэ иIэжщ. 

Къумми адыгэбзэр къыщоIу

Адыгэхэр Африкэм и къэралыгъуэ куэдым къызэрыщыхута хъуам куэд топсэлъыхь. Хъыбархэм тхыдэм къыхэщыжхэр дыщIыбгъужмэ, сэтей мэхъу адыгэхэр Африкэм зэрыщыIэр. Ауэ мыгурыIуэгъуэр зыщ - щIылъэм и къуапэу плъытэ хъуну къумыщIым дауэ къихута адыгэхэр? УпщIэм и жэуапым дылъыхъуэу, тхыдэм дриплъэжащ. Абы щыхэтлъэгъуахэм ящыщщ Африкэм и курыкупсэм щыIэ Судан къэралыгъуэм адыгэхэр къызэрыщыхута щIыкIэр.

СССР-р мыхъуамэ…

Къэрал зэрыхъурэ Израилыр США-м и жыIэм щIэтми, езы журтхэр мыIейуэ зэрыщыгъуазэщи, ар къызэгъэпэщыным нэхъ хэлIыфIыхьар Совет Союзырщ. Дауи, аращ, Советхэм дипломатие зэхущытыкIэхэр зэхуамыIэжми, 1953 гъэм Сталин Иосиф щылIар мис а Израилым нэщхъеягъуэ махуэу ягъэувауэ щIыщытар. Москва ядэIэпыкъуащ иужькIи. Арыншамэ, уеблэмэ езы къэралыр картэм итынутэкъым.

Тхьэ закъуэр зи фIэщ хъуа япэ бзылъхугъэ

Тхьэ закъуэр зи фIэщ хъуа Мусэ (Моисей) бегъымбарымрэ Рамзес ЕтIуанэ фирхьэунымрэ я зэхуаку дэлъа зэпэщIэтыныгъэмрэ, джатэдэпщым лъэпкъым къытригъэхьа леймрэ и хъыбар зэхэфхыжауэ къыщIэкIынщ. Ар нобэм къахьэсащ тхылъ лъапIэхэм. Пасэрей мэжусий тхьэ бжыгъэншэхэр IэщIыб ящIу, цIыхухэм зы Тхьэ закъуэр я фIэщ щыхъуа лъэхъэнэрт ар, илъэс 3200-кIэ узэIэбэкIыжмэ. 

Хьэрэ-Кхъуэрэ и пирамидэхэр

Кавказ лъэпкъхэр къызытехъукIыжа пасэрей лъэпкъыжьхэм щэху куэд къащIэнауэ нобэм къихьэсащ тхыдэм. Абыхэм ящыщщ псэ унэхэр, пирамидэхэр, сыдж, абрэмывэ телъыджэхэр. 
Кавказ Ищхъэрэм сыт щыгъуи щыпсэуа адыгэхэм псэ унэхэр зищIысым теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэнхэр жаIэж... КъызэрыщIэкIымкIэ, бгырысхэр апхуэдизкIэ куэдрэ псэурти, сабийм хуэдэу цIыкIу хъужырт. Апхуэдэ жьыкIэфэкIэхэр псэ унэм иралъхьэрти, я Iэпкълъэпкъыр къэщIэрэщIэжырт, жи! КIэщIу жыпIэмэ, я псэр IумыкIыурэ а псэ унэм я пкъым зыкъыщиужьыжырти, цIыхущIэу къикIыжырт. ФIэщ щIыгъуейщ!

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ