|
ЗэIущIэхэр
13 мая, 2023 - 06:16
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщ-хьэм и Президиумым хэтхэм я зэIущIэ. Депутатхэм яубзыхуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Парламентым Зэрызыхуигъэзам къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр зи лъабжьэ, зэрылэжьэну планыр.
7 мая, 2023 - 10:52
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм иджыблагъэ щекIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я зэхуаку зэгурыIуэныгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ дэлъынымкIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ягъэзащIэ къалэным.
25 апреля, 2023 - 09:55
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Егъэджэныгъэ хэха щрагъэгъуэт, фейдэ къегъэщIыным емыпха «Iуащхьэмахуэ» корпоратив университет» IуэхущIапIэм и КIэлъыплъакIуэ советым хэтхэм я япэ зэIущIэр.
25 апреля, 2023 - 07:54
КъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ ЩIыпIэ самоуправленэм зегъэужьынымкIэ совету УФ-м и Президентым и нэIэм щIэту лажьэм и зэхуэсым. Видео зэпыщIэныгъэ мардэм тету къызэрагъэпэща зэIущIэр ирырагъэхьэ-лIащ ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэм.
24 апреля, 2023 - 09:00
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр «Зи пIалъэ имыкI» фэеплъ пэхуэщIэм (проектым) епхауэ зэрыхэгъэгуу зэдащIэ Iуэхугъуэхэр егъэкIуэкIыным иужь ихьащ. ЕтIуанэ Дунейпсо зауэм цIыхубэм къахуихьа гузэвэгъуэхэр къэзыша щхьэусыгъуэхэм щхьэихауэ тепсэлъыхьыным, цIыхур зыщыщ лъэпкърэ зэрихьа дин елъытауэ гъэкIуэдыныр гупсысэ тегъэщIапIэ зыщIа идеологиер зэпкърыхыным теухуауэ зэрыхэгъэгуу зыуэ щыт Iуэхугъуэхэр щекIуэкIынущ. Абыхэм языхэзщ мы махуэхэм щыхьэр еджапIэшхуэм къыщызэрагъэпэщ зэIущIэри.
21 апреля, 2023 - 09:47
КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ Правительствэ комиссэм и президиумымрэ я зэIущIэм. Ар видео Iэмалым тету иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.
21 апреля, 2023 - 07:42
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек политикэ мыхьэнэ зиIэ зэIущIэ ин дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ.
15 апреля, 2023 - 12:06
КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ унагъуэмрэ абы и лъапIэныгъэхэмрэ быдэу хъума хъун папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщагъэсэбэп Iэмалхэм.
15 апреля, 2023 - 07:35
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Назаров Сергейрэ «Iуащхьэмахуэ» турист-рекреационнэ комплексым адэкIэ зэрызрагъэужьынум теухуа зэIущIэ ирагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и къуэдзэ Надыкто Владимир, «Кавказ.РФ»-м и генеральнэ унафэщI Юмшанов Андрей, къэрал министерствэхэм, зыужьыныгъэмкIэ институтхэм, «Iуащхьэмахуэ» ВТРК-м я лIыкIуэхэр.
15 апреля, 2023 - 06:00
УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым и Секретарь Патрушев Николай мэлыжьыхьым и 13-м Налшык щригъэкIуэкIащ зи пашэ IэнатIэм и зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм (КИФЩI) шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщынымкIэ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр егъэкIуэкIын зэрыхуейм. Лэжьыгъэм хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий, Кавказ Ищхъэрэм хиубыдэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр, федеральнэ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лIыкIуэхэр.
Страницы
|