|
ЗэIущIэхэр
15 апреля, 2023 - 05:12
УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур хэтащ СНГ-м щыщ къэралхэм я парламентхэр зыхэт ассамблеем (МПА) политикэ Iуэхухэмрэ дунейпсо зэдэлэжьэныгъэмкIэ зэпымыууэ щыIэ и комиссэм и зэIущIэм.
8 апреля, 2023 - 09:20
Иджыблагъэ ирагъэжьащ «Си къалэр си Iуэхущ» зи фIэщыгъэ II урысейпсо зэхьэзэхуэр. Ар екIуэкIынущ гъатхэпэм и 14-м къыщыщIэдзауэ фокIадэм и 1 пщIондэ.
8 апреля, 2023 - 08:35
Мэлыжьыхьым и 6-р УФ-м и МВД-м и следственнэ органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ. Мы гъэм илъэс 60 ирикъуащ а IэнатIэр къызэрызэрагъэпэщрэ.
8 апреля, 2023 - 08:15
КъБР-м и Парламентым щекIуэкIащ ЩIалэгъуалэ палатэм и еянэ зэхыхьэгъуэм хэтынухэр къыщыхах зэIущIэ. Абы хыхьэну хуейуэ цIыху 50 щызэхуэсат хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм.
8 апреля, 2023 - 07:35
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.
8 апреля, 2023 - 07:00
Дзэм къулыкъу щызыщIэхэу зауэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм щыIэхэм гулъытэ яхуэщIыныр нобэ КъБР-м и Парламентым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Хабзэубзыху IэнатIэм и депутатхэм абыхэм аргуэру хурагъэшащ гуманитар дэIэпыкъуныгъэ: гъатхэ-гъэмахуэ лъэхъэнэм папщIэ дзэ Iуэхум хухэха щыгъынхэр, щыжейкIэ зыхуэныкъуэну хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр, нэгъуэщI куэди.
8 апреля, 2023 - 06:00
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Лъынэ Светланэ. НыбжьыщIэхэм я къащхьэщыжакIуэм щIыналъэм и Iэтащхьэм и пащхьэ щищIащ 2022 гъэм зи пашэ IэнатIэм щызэфIаха лэжьыгъэхэмрэ дызэрыт лъэхъэнэмрэ ятеухуа доклад шэщIа.
1 апреля, 2023 - 09:12
Совет цIыхубэм Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщихьрэ илъэс 78-рэ щрикъум ирихьэлIэу къыхалъхьа «Ди Хэкушхуэ» зи фIэщыгъэ дунейпсо хэкупсэ Iуэхугъуэр щIыпIэ куэдым щрагъэкIуэкIащ. Налшык къалэ дэт ЩIыхьым и Мыужьыхыж мафIэм дежи жэрдэмым ипкъ иткIэ иджыблагъэ пэкIу щызэхэтащ.
1 апреля, 2023 - 08:10
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысейм и УФСБ-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI Громушкин Пётр иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Ар теухуауэ щытащ террорист щIэпхъаджагъэ къэхъуну шынагъуэ зэрыщыIэмкIэ жылагъуэм хъыбар егъэщIэным, терроризм щымыгъэIэным Iэмалхэр къыхуэгупсысыным.
1 апреля, 2023 - 07:43
Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэгъэув IэнатIэм физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымкIэ, туризмэмкIэ и комитетым Сабий стадионым зэIущIэ щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ тэмэму гъэса хъунымкIэ физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ ягъэзащIэ къалэнымрэ абы и мыхьэнэмрэ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ, суд къэрал къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэу Парламентым щыIэ ДыщэкI Мадинэ, депутатхэр, спорт школхэм я унафэщIхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ.
Страницы
|