ЗэIущIэхэр

ЩIыналъэ унафэщIхэр зочэнджэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Ипщэм и субъектхэм я муниципальнэ щIыналъэхэм я ЗэзыгъэуIу Советым Налшык къалэм щригъэкIуэкIа зэIущIэм. ЩIыналъэ зэхуаку зэхыхьэм и лэжьыгъэм хэтын папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ Адыгей Республикэм, Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм, Кърым Республикэм, Ингуш Республикэм, Дагъыстэн Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм, Къалмыкъ Республикэм, Шэшэн Республикэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Астрахань, Волгоград, Ростов областхэм, къалэ-лIыхъужь Севастополь я лIыкIуэхэр.

Къэралым и Iэтащхьэм къызэригъэувам тету

Республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм и унафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Пар­ламентым и президиумым и зи чэзу зэIущIэр. Депутатхэр абы щыхэплъащ Iуэху зэмылIэу­жьыгъуэу тIощIым нэблагъэм. 

ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ

КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм щытепсэ­лъыхьа зэIущIэ. 

Хабзэр хъумэнымрэ шынагъуэншагъэмрэ япэ ирагъэщ

Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэ­кIуэ­кIащ КъБР-м Хабзэм къе­мызэгъхэр къэмыгъэ­хъу­нымкIэ зэпымыууэ ла­жьэ зэзыгъэуIу зэхыхьэмрэ республикэм Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэнша­гъэм­кIэ и советымрэ я зэIущIэ.

Тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ

         Адыгэ усакIуэ, тхакIуэ, драматург, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ хэтщ Нью-Дели (Индие) щекIуэкI международнэ тхылъ выставкэм. Iуэху дахэр къызэрагъэпэщащ япэу а зэхыхьэр зэрызэхашэрэ 2023 гъэм илъэс 50 зэрырикъум и щIыхькIэ.

Хьэсэней щIы щхьэфэ зэтекIар щызэрагъэпэщыж

Хьэсэней Ипщэм псы къыщIэлъадэу и пIэ икIа щIы щхьэфэр икIэщIыпIэкIэ зэрагъэпэщыжыну унафэ ищIащ КIуэкIуэ Казбек. 

Республикэм и зауэлIхэр щыгъупщэркъым

Къэбэрдей-Балъкъэрыр яужь итщ зауэ Iуэху щхьэхуэм хэтхэм хурагъэшэну псапэхуэщIэхэм. 

БгъэдыхьэкIэ щхьэхуэхэр зэрахъуэкI

Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджы­благъэ иригъэкIуэкIа законхэр къыдэзыгъэкI орган нэхъыщ­хьэм и зи чэзу зэIущIэм щы­хэплъащ Iуэху зэмылIэужьыгъуэу тIощIым нэблагъэм.

И нэIэм щIэт щIыналъэхэм ялъогъуазэ

КIуэкIуэ Казбек мы махухэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ ­Херсон областым хыхьэ щIыпIэхэм ящыщу ди республикэм и нэIэм щIэтхэм.

Къызэра­гъэ­пэ­щынущ къэралым и герб­кIэ, гимнкIэ, ныпкIэ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ щхьэхуэ­хэр щызэпкъраха зэIущIэ. 

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр