ЗэIущIэхэр

НыбжьыщIэхэм я дэIэпыкъуэгъут

Дэтхэнэ лъэпкъ щэнхабзэми иIэщ ар псом хуэмыдэу зэрыгушхуэ, и щхьэр лъагэу езыгъэIэт цIыхухэр. Къэбэрдей лъэпкъ щэнхабзэр къудамэбэ жыгым хуэбгъадэмэ, шэч хэмылъу, абы и зы къудамэ гъуэзэджэу къэлъытапхъэщ Теунэ Хьэчим и твор­ческэ лэжьыгъэшхуэр. Ди щэнхабзэм и лъэныкъуэ ­псоми гумызагъэу кIэлъып­лъырт, абы щекIуэкI Iуэхугъуэ псоми фIыуэ щыгъуазэт. Ар ягъэгуфIэрт ди щэнхабзэм игъуэт ехъулIэныгъэхэм, ягъэ­нэщхъейрт зыщы­щIэ­хэм, зыхунэмысхэм. Ауэ псом ящхьэрати, Теунэр литераторт, а псалъэм къы­зэ­щIиу­быдэ мыхьэнэ псори зэхьэ­лIэжа тхакIуэт.

Iэужь дахэ лъэпкъым къыхуэзыгъэна

Лъэпкъ литературэм и дыжьыныгъуэ тхакIуэхэм ящыщу къалъытэ зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ ноби къы­дэущие, пасэрей хабзэжьхэм дыхуэзыгъэсэж, гъащIэм и IэмалхэмкIэ къыддэгуашэу къытхэт пэлъытэ Теунэ Хьэчим.

Шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщ

УФ-м и Лъэпкъ гвардием и къудамэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIащ оперативнэ штабым и зэ­IущIэ. Ар теухуауэ щытащ чыристан диныр зезыхьэхэм я IутIыж махуэм, Адыгэ ныпым и махуэм, Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэш­хуэм, Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэр илъэс 77-рэ зэрырикъум теухуауэ цIыхушхуэ кърихьэлIэу екIуэкIыну дауэдапщэхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэ­пэщыным.

ЛIыхъужьыгъэм и орденыр зыхуагъэфэщахэр

КIуэкIуэ Казбекрэ Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием Кавказ Ищхъэрэ округым щиIэ дзэ гупым и унафэщI генерал-лейтенант Захаров Сергейрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Донбассым щыпсэухэр хъу­мэным ехьэлIауэ я къулыкъур ягъэзащIэу хэкIуэдахэм хуагъэфэща къэрал дамыгъэхэр иратащ зауэлIхэм я Iыхьлыхэм.

Iуэхугъуэ куэд къызэщIаубыдэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым къыбгъэдэкIыу УФ-м и сенатор Ульбашев Мухьэрбий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэм и аппарату КИФЩI-м щыIэм ­КъБР-м и IуэхухэмкIэ и федеральнэ инспектор Васильченкэ Дмитрий, КъБР-м и прокурорым и япэ къуэдзэ Сы­соенков Андрей.

Бжыгъэр и лъабжьэу

Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ ­къулыкъущIапIэм и унафэщI Малков Павел КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щыхуэзащ.

ЗэпIэзэрытыныгъэм и хэкIыпIэхэр яубзыху

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий видео­зэпыщIэныгъэ Iэмалхэм тету иригъэкIуэкIащ къэралыр санкцэхэмкIэ гугъуехь щыхагъэт зэманым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ, социальнэ зэпIэзэрытыны-гъэ щызэтегъэувэным теухуа зэIущIэ. Абы хэтащ вице-премьерхэр, министрхэр, щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, банк унафэщIхэр.

Къэрал ныпыр щаIэтынущ, гимныр къыщрагъэуэнущ

КъБР-м Террор щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъунымкIэ и комиссэмрэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ Прави­тельствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэхэр тыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

ЕхъулIэныгъэхэр зэрызыIэрагъэхьам икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыпIэ самоуправленэм и IэнатIэхэм илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрыщылажьэм къыхэкIыу
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын
Джаппуев Руслан Камал и къуэм - Iуащхьэмахуэ муниципальнэ районым и Iэтащхьэм и къуэ­дзэм - Iуащхьэмахуэ муниципальнэ районым щIыпIэ самоуправленэмкIэ и Советым и уна­фэщIым и къуэдзэм
Кефер Иринэ Эдуард и пхъум - Прохладнэ муниципальнэ районым хыхьэ Пролетарскэ къуа­жэм щIыпIэ самоуправленэмкIэ и Советым   и депутатым

Махуэшхуэ хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащ­хьэ КIуэкIуэ Казбек IутIыж махуэмкIэ ехъуэ­хъуащ чыристан диныр зезыхьэ ди лъахэгъухэм:

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр