ЗэIущIэхэр

Гулъытэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Прохладнэ къалэм щыIущIащ ар зи хэщIапIэ 31681-нэ дзэ пакIэм хэт дзэлIхэм. 

Iуэхугъуэ куэд къызэщIрагъэубыдэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ ­гъатхэпэм и 24-м зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.

Экономикэм и лъабжьэр ягъэбыдэ

Урысей Федерацэм и Къэрал советым экономикэм ­шэ­щIауэ зиужьынымкIэ и лэжьакIуэ гупым хэтхэм я селектор зэIущIэ екIуэкIащ.

Езауэ Анзор зыхэта нэтын занщIэ

КъБР-м и Правительствэм интернетым щиIэ напэкIуэцIымрэ VK интернет-утымрэ иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор и нэтын занщIэ.

Зэпыу ямыIэу мэлажьэ

Урысей Федерацэм транспортымкIэ и министр Савельев Виталий видеозэпыщIэныгъэ IэмалхэмкIэ иригъэкIуэкIа зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

ЩIыналъэхэм я хуитыныгъэхэм хагъахъуэ

УФ-м и Президент Путин Владимир иджыблагъэ Москва щригъэкIуэкIащ къэралым хыхьэ щIыналъэхэм социаль­но-экономикэ унэтIыныгъэхэмкIэ защIэгъэкъуэным щы­тепсэлъыхьа селектор зэIущIэ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

КъБР-м и Iэтащхьэр Кърымыр Урысейм зэрыхыхьэжрэ илъэси 8 зэрырикъум и щIыхькIэ республикэм щыпсэухэм зэрехъуэхъур

«ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ!
Ди къэралым егъэлъапIэ Кърымыр Урысейм къызэрыгухьэжрэ илъэси 8 зэрырикъур.
Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щыпсэу ди къэралым дежкIэ а тхыдэ къэхъукъащIэм ипэжыпIэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, Кърым, Севастополь Республикэхэм я  цIыхухэм я гъащIэм зэхъуэкIыныгъэш­хуэхэр щигъуэта лъэхъэнэщ ар.
Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу мыхьэнэшхуэ зиIэ махуэмкIэ сохъуэхъу щIыналъэхэм я Уна­фэщIхэу Аксенов Сергейрэ Развожаев Михаилрэ, Кърымымрэ ди къэралымрэ я цIыхухэм.

ЗэпIэзэрыту заужьын папщIэ

КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Правительствэм ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и зэIущIэм. ВидеозэпыщIэныгъэ IэмалкIэ ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.

ЩIэблэм щапхъэ дахэ яхуэхъуу

Балъкъэрыщхьэ дэт, Абей Мысост и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №2-м иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм гукъинэж ящыхъуа зэIущIэ гъэщIэгъуэн. Урысей Федерацэм ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и къэрал къулыкъущIапIэм къыхилъхьауэ иригъэкIуэкI «Зэхуэдэхэр зопсэлъылIэ» урысейпсо проектым ипкъ иткIэ Шэрэдж щIыналъэм еблэгъащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам.

ЗэрагъэлъэпIэнум зыхуагъэхьэзыр

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр илъэс 90 щрикъум ирихьэлIэу ирагъэкIуэкIыну дауэдапщэхэр зи нэ1э щ1этыну къызэгъэпэщакIуэ гупым и чэзу зэIущIэр иджыблагъэ зэхэтащ.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр