|
ЗэIущIэхэр
4 сентября, 2021 - 07:35
Зэи щымыIауэ ныбжьыщIэ театр ди республикэм иIэнущ. «Сыринэ» зыфIаща театр-студиер «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым къызэрегъэпэщ артист ныбжьыщIэхэм зыщагъэсэн папщIэ, адыгэбзэр зыгъэIурыщIэхэр, утыку итыным дихьэххэр ирагъэблагъэ.
3 сентября, 2021 - 14:19
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ УФ-м и Президентым и деж граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ цIыхухэм я хуитыныгъэхэмкIэ щылажьэ советым хэт, Лышх узыфэхэр зыпкърыт сымаджэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъу «Здравствуй» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Борововэ Иринэрэ а IуэхущIапIэм КИФЩI-м щиIэ и жылагъуэ къудамэхэм я нэхъыщхьэ, «Светлячок» фIэщыгъэр зиIэ онкоблогер цIэрыIуэ Келехсаевэ Оксанэрэ.
1 сентября, 2021 - 09:15
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек шыщхьэуIум и 30-м лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ политикэ партхэм я щIыналъэ къудамэхэм я унафэщIхэм.
1 сентября, 2021 - 08:13
Хабзэ зэрыхъуам тету, фокIадэм и 1-м, КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмрэ къэрал дамыгъэхэмрэ яритащ зыпэрыт IэнатIэм къыщыхэжаныкIа IэщIагъэлI пажэхэм.
31 августа, 2021 - 14:05
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ гъуэгухэр ухуэным, апхуэдэуи Урысейм и Президент Путин Владимир игъэува социальнэ ахъшэхэр пенсионерхэмрэ еджакIуэхэмрэ республикэм щытыныр къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.
29 августа, 2021 - 11:41
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Шэджэм щIыналъэм щыIащ. ХадэхэкI щагъэкIыну хуабэщхэр щащIыну щIыпIэм деж дыгъуасэ къулыкъущIэхэм щагъэтIылъащ япэ мывэр.
29 августа, 2021 - 07:35
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зи чэзу зэIущIэу УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат шыщхьэуIум и 26-м иригъэкIуэкIам.
28 августа, 2021 - 14:55
Налшык дэт, ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ я творчествэмкIэ уардэунэм шыщхьэуIум и 26-м щекIуэкIащ ди республикэм и егъэджакIуэхэм я пленарнэ зэIущIэ ин.
23 августа, 2021 - 17:17
«Дэтхэнэ сабийми и ехъулIэныгъэ» къэрал проектым хыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэзащIэ еджапIэхэм физкультурэмрэ спортымрэ щIэблэм зыщыхуагъэсэн папщIэ зыхуеинухэмкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIа программэ.
А мурадхэм тригъэкIуэдэну республикэм къыIэрыхьащ сом мелуан 32,5-рэ. А программэм хыхьэу зэрагъэпэщыжынущ къуажэхэмрэ къалэ мыинхэмрэ дэт курыт еджапIэхэм я спорт залхэр.
20 августа, 2021 - 16:54
Урысей Федерацэм Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм мы гъэм етIуанэу иригъэкIуэкIынущ «Вкусы России» лъэпкъ зэхьэзэхуэр.
Страницы
|