ЗэIущIэхэр

ЗэзыгъэуIу зэхуэсым и зэхыхьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Хабзэншагъэ къы­щымыхъуным кIэлъыплъ, зэпыу имыIэу ла­-жьэ зэзыгъэуIу зэхуэсым Экономикэмрэ жы­лагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ советымрэ я зэ­IущIэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

Зэкъуэш зэхущытыкIэм зиубгъун папщIэ

 Къэбэрдей-Балъкъэрым къеблэгъа, Псыхуабэрэ Черкесскрэ я Iэгъуэблагъэр зи нэIэ щIэт архиепископ Феофилакт Урысейм чыристан диныр къыщищта махуэм ирихьэлIэу IущIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Дин лэжьакIуэм чыристаныгъэм пыщIа дауэдапщэхэр щригъэкIуэкIащ Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Новополтавскэ къуажэм дэт, джыназ Владимир и тхьэелъэIупIэм. 

Тырныауз и вольфрам-молибден къыщIэхыпIэр зэрызэтрагъэувэжыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Моск­ва щыIущIащ «Ростех» корпорацэм и уна­фэщI Чемезов Сергей.

Берлин и метром щагъэлъагъуэ

Мы махуэхэм Берлин и метро станцым щагъэлъагъуэ ди хэкуэгъу художник Хьэжу Мурат и «Джоанна Стингрей говорит...» гъэлъэгъуэныгъэр. 

ЗамыгъэнщIауэ зэбгры­кIы­жт

ДунеитIым я зэхуакум 

Гъэ еджэгъуэм щIимыдзэ щIыкIэ

Муниципальнэ сыхьэт зэIущIэм и жыпхъэм иту, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыпIэ администрацэхэм, щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ я унафэщIхэм яIущIащ.

Зи ужь ихьахэр нагъэсыпхъэщ

УФ-м ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и Президиумым и зэхуэсу видеоконференц IэмалкIэ къызэрагъэпэщам хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.

Ди лъахэр зэрыгушхуэ ныбжьыщIэхэр

Ди гуапэ зэрыхъущи, Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр мы гъэм зытахэм куэду къахэкIащ къэпщытэныгъэхэмкIэ балли 100 къэзыхьахэр. ЖыпIэнурамэ, гъащIэм и зы Iыхьэу щыт школ илъэсхэр апхуэдэ ехъу­лIэныгъэ лъагэкIэ къепхьэ­лIэныр ар щIэныгъэ нэхум и лъэмыж быдэ къэкIуэнум хуэзыщI, уи пщIэри уи нэмысри жылагъуэм щызыIэт Iуэху­гъуэщ. Апхуэдэу абы къегъэ­лъа­гъуэ а еджакIуэхэм илъэс бжы­гъэкIэ къадэлэжьа, ахэр зыу­нэтIа IэщIагъэлIхэри зыпэ­рыт IэнатIэм ехъулIэ, щIэныгъэ куу­рэ зэфIэкI лъагэрэ зыбгъэ­дэлъ лэжьакIуэу зэрыщытыр. 

Шэджэм хуабэщ абрагъуэ къыщызэIуах

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зыужьыныгъэ программэм хагъэхьа, инвестицэ проект лъэщхэм ящыщ зыуэ щыт, «Шэджэм-Агро» хуабэщ комплексым и япэ IуэхущIапIэр къызэIуахащ. Абы нэхъ ин Кавказ Ищхъэрэм итынукъым. ­Хуабэщ комплексыр яухуэ УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэр, КъБР-м и Правительствэр, «Россельхозбанк»-р я дэIэпыкъуэгъуу, «ЭКО-культура» мэкъумэш холдингым и мылъку­кIэ.

Кавказыр зэрызэкъуэтым и нэщэнэу

Ди щIыналъэр игъащIэми къогъуэгурыкIуэ IуэхугъуэфIхэм я хэщIапIэу, жэрдэмыщIэхэм я къигъэхъуапIэу, хьэщIэ махуэхэм я етIысэхыпIэу. Мы гъэмахуэ дахэми абы щызэхаублэ зэхыхьэ купщIафIэхэр. Апхуэдэхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым къы­щызэIуаха «Кавказ зэкъуэт» дунейпсо щIалэгъуалэ турист-хэкупсэ форумыр. Абы хэтщ Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ фе­деральнэ щIыналъэхэм, Абхъазымрэ Осетие Ипщэмрэ я лIыкIуэхэр. 

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр