ЗэпыщIэныгъэ щхьэпэ

Бакулев А. Н. и цIэр зезыхьэ, Гу-лъынтхуэ узыфэхэмкIэ щIэныгъэ центрым и IэщIагъэлIхэр Налшык къалэм щыIащ икIи сымаджэхэм я щытыкIэр къапщытащ. КIэлъыплъыныгъэм кърикIуам ипкъ иткIэ, дохутырхэм адэкIэ яубзыху абы игъуэтын хуей Iэзэгъуэр зыхуэдэр, кардио-хирургие дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэр езы центрым ягъакIуэ.

Мыпхуэдэ зэдэлэжьэныгъэр хабзэ хъуауэ, 2017 лъандэрэ ирагъэкIуэкI. А лъэхъэнэм къриубыдэу ди щIыналъэм и цIыху куэдым я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэжащ центрым.  IэщIагъэлIхэм къэкIуэгъуэ къэс нэхъапэкIэ езыхэм операцэ ящIауэ щытахэми я щытыкIэр зыхуэдэр зрагъащIэ, адэкIэ зэрызыкIэлъыплъыжыну чэнджэщхэр ират.

- Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщщ гу-лъынтхуэ узыфэхэмкIэ фIагъ лъагэ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ сымаджэхэм къэрал клиникэм зэрыкIуэн квотэ е тхылъыр зэман кIэщIым къриубыдэу къыщыдахэф щIыналъэ закъуэтIакъуэхэм, - жиIащ Бакулев А.Н. и цIэр зезыхьэ, Гу-лъынтхуэ узыфэхэмкIэ щIэныгъэ центрым и кардиолог Къэнэмэт Теймураз. – ЛъэныкъуитIым ди зэпыщIэныгъэхэм щхьэпагъ иIэу къызолъытэ, сымаджэхэм дэIэпыкъуэгъу дазэрыхуэхъум къищынэмыщIауэ, центрымрэ щIыналъэм  и  Кардиодиспансерымрэ я IэщIагъэлIхэр лэжьыгъэ и пIалъэкIэ зохъуажэ.

Бакулев А.Н. и цIэр зезыхьэ, Гу-лъынтхуэ узыфэхэмкIэ щIэныгъэ центрым и IэщIагъэлIхэм къыхагъэщащ республикэм и Кардиодиспансерым и дохутырхэм сымаджэхэм я узыр къэхутэнымкIи гъэхъужынымкIи зэфIэкI  лъагэхэр зэраIэр.

Москва къикIа IэщIагъэлIхэр Налшык махуитIкIэ щыIащ, абыхэм цIыхуи 150-м нэблагъэм я узыншагъэр къапщытащ.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.

Поделиться: