Хабзэр дывгъэхъумэ

 «Лескенская газета»-м и «Лэскэн акъужь» напэкIуэцIым иджыблагъэ къытехуа «Щхьэ лъэныкъуэм и хъыбарым» сэ хуабжьу сыщыгуфIыкIащ! Абы куэдым сригъэгупсысащ, а псом кърикIуэуи газетеджэхэм лъэIукIэ зыфхуэзгъэзэнут. Аращ нэхъыбэу си IэдакъэщIэкI тхыгъэр зытеухуар.

Сэ Арщыдан къуажэм сыщыщщ, си цIэр Заудинщ, Жанокъуэхэ сарейщ. Си ныбжьым теухуауэ сыпенсионерщ, лэжьыгъэм сриветеранщ, илъэс пщIейм сыщхьэдэхащ. Си лъэIури си упщIэри зытеухуар гуфIэгъуэ Iэнэм щекIуэкIын хуей хабзэрщ.

Ди адыгэ лъэпкъым нэхърэ нэхъ хабзэ дахэ къэзыгъэщIа, ар екIуу, тэмэму, псори къыдэхъуапсэу зезыхьэу щыта щыIэкъым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нэхъапэм хьэщIэхэр Iэнэм зэрагъэтIысу щытамрэ иджы зэращIымрэ зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ хызолъагъуэри, хуабжьу си жагъуэ мэхъу.

Япэрауэ, сыхуейт адыгэ Iэнэм пэрыс хэгъэрей нэхъыжьым (Iэнэм и тхьэмадэм) хьэщIэхэр зэригъэтIысын хуейр нэсу ищIэну, ар щIалэгъуалэм ягуригъэIуэну.

ЕтIуанэрауэ, щхьэ лъэныкъуэ ижьыр, хабзэм тету, Iэнэм зэрытрагъэувэр ящIапхъэщ. Блэгъум и ижьыра, хьэмэрэ и сэмэгур ара Iэнэм яхьыр? Ар зыкъутэр хэт? Мыбы куэдыщэрэ ирызодауэ, уеблэмэ гуфIэгъуэр зэпауду!

Ещанэу, хэт щхьэ лъэныкъуэр зыхутрагъэувэр? Хэт зыкъутэр? Хэт зыгуэшыр? Хэт сыт хуэдэ Iыхьэ лъысрэ? Мы си упщIэхэр узэрыгузэвэн Iуэхугъуэу къызолъытэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, иджыпсту ирагъэкIуэкIхэмрэ  ди нэхъыжьыфIхэм зэрахьэу щыта хабзэхэмрэ зэщхьэщыкI хъуащи, зэдауэ кIыхьхэр куэдрэ ди Iэнэгум къыщохъу! Сэ сыхуейт Къэбэрдейм и жылагъуэ дэтхэнэми (зэгурымыIуэ лъэпкъ хэмылъу) ди хабзэр щызэтехуэу, ди ужь итхэм ар быдэу зэхалъхьэу, екIуу зэрахьэу, ди адыгэ лъэпкъыр ефIакIуэу псэуну. Абы щхьэкIэ псоми хабзэм и пэжыпIэр ящIэн хуейщ. Армырамэ, щхьэж фIэфIыр хилъхьэмэ, къызэрыгурыIуэм хуэдэу зэблишмэ, абы зыри и мыхьэнэжкъым!

Мы къэсIэта упщIэм сэ куэдрэ срихьэлIащ СССР-м и зэманым щыгъуэ. Фигу къэзгъэкIыжынщи, ди Арщыдан жылагъуэшхуэм иIа колхозым и тхьэмадэу илъэс 23 лэжьа, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Ленин орденыр зыхуагъэфэща Тарчокъуэ Къамболэт мы дуней псом къыщригъэцIыхуауэ щытащ Арщыдан жылагъуэр. КъэкIыгъэ бэв къэгъэхъунымкIэ, гъэшхэкI уэр зехьэнымкIэ урысейпсо семинархэр ди деж щекIуэкIауэ щытащ. СССР-м и мызакъуэу, хамэ къэралхэм къикIыурэ хьэщIэ куэд къакIуэрт ди къуажэм. Къамболэт хьэщIэхэм хэгъэрей нэхъыжьу ябгъэдигъэст пщIэшхуэ зыхуищI нэхъыжьыфIхэр: Мэлэмусэ ТIытIу, Жылэтэж Билъостэн, Iэрэмысэ Темболэт, КIуащ Хъанджэрий сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм адыгэ хабзэр, адыгэ нэмысыр икъукIэ дахэу зэрахьэу, гушыIэшхуи яхэлъу щытащ.

Къамболэт и ужькIэ, Жамборэ МуIэед и зэманым, къэралыгъуэ 12-м щыщ лIыкIуэхэр гупышхуэу ди къуажэм къыщыкIуар сощIэж. Абыхэм ди хабзэ дахэхэр, ди Iэнэ зехьэкIэр, бгъэдэсыкIэр хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэнт, лэжьыгъэфIхэм къищынэмыщIауэ. А псор сигу къыщIэзгъэкIыжыр ди адыгэ хабзэ дахэр хэдмыгъэкIуэдэжу тхъумэфатэмэ нэхъыфIт жызоIэри аращ.

ЖАНОКЪУЭ Заудин,

Арщыдан къуажэ.

Поделиться: