Лэжьыгъэхэм пащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей илъэситхум лъэпкъ пэхуэщIэхэр гъэзэщIэным сом мелард 48-м щIигъу щыхухахащ. Апхуэдэ бжыгъэхэр иджыблагъэ къигъэлъэгъуащ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм.

         Лъэпкъ пэхуэщIэхэр гъэзэщIэным трагъэкIуэдэну КъБР-м хухаха сом мелард 48,4-м щыщу меларди 7-м щIигъур щIыналъэ бюджетым къыхэкIащ.

         Дызэхуеплъынти, проектхэм хуаутIыпщ мылъкум зэрыхэхъуа щIыкIэм. 2019 гъэм абыхэм  хыхьэу зэфIагъэкIыну яубзыхуа Iуэхугъуэхэм щхьэкIэ республикэ бюджетым сом мелуани 127,8-рэ къыщагъэлъэгъуауэ щытамэ, 2021 гъэм щегъэжьауэ ар сом меларди 2-м щIигъум зэрынэхьэсащ, 2023 гъэм сом меларди 2,36-рэ хъуащ. Бжыгъэхэм нэрылъагъу зэращIщи, иужьрей илъэситхум къриубыдэу хуэдэ 18,5-кIэ хэхъуащ а Iуэхушхуэхэм мылъкуу хуаутIыпщыр.

         Дызэрыт илъэсым лъэпкъ пэхуэщIэхэр гъэзэщIэным, зэкIэ къызэрабжамкIэ, сом меларди 10 хуэдиз хухахынущ. Псом нэхърэ нэхъыбэу ахъшэр здэкIуэнур цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ  мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэхэрщ. Псалъэм папщIэ, узыншагъэр хъумэн, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, спорт IэнатIэхэм къыщрагъэжьа ухуэныгъэщIэхэр и кIэм нагъэсыжынущ, мурад ящIа нэгъуэщI лэжьыгъэхэри зэфIагъэкIынущ. Апхуэдэуи гулъытэ хэха ягъуэтынущ транспорт, гъуэгу, инженер инфраструктурэхэм зегъэужьыным пыщIа Iуэхухэми.

                                                                  ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

 

Поделиться: