ЦIыхухэм зыIэщIалъхьэ

(Табыхъу Хьэзрит щIыуэпсымрэ псэущхьэхэмрэ ятриухуа и тхыгъэхэм щыщщ) 

Куэд щIащ псэущхьэхэм я гъащIэр цIыхухэм я IэмыщIэ зэрыралъхьэжрэ, яукIынуми яшхынуми хуиту. Зыр и фэм, цы дахэ зэрытетым щхьэкIэ, адрейхэр я лыр зэрыIэфIым къыхэкIыу, нэгъуэщIхэр - зэран хъу хуэдэу е цIыху гъащIэмкIэ шынагъуагъэ къашэу къызэралъытэм папщIэ.

Дыгъужьхэр

Фигу къэвгъэкIыжыт 11-нэ Дунейпсо зауэм иужькIэ дыгъужьхэм иращIар. Ахэр щызэтраукIа щIыпIэхэм ящыщщ Канадэр, Чехословакиер, Кавказыр, щыхьхэр, мэлхэр, Iэщыр Iисраф ящI жаIэри. Дауи, дыгъужьхэм я бжыгъэм щыхэщIым, щыхь хъушэхэри, мэл гуартэхэри нэхъыбэ хъужащ. Щыхьхэр апхуэдизкIэ бэгъуати, я хъупIэхэр лъабжьэкIэ ирахыжырт, яутэжырт. ИкIи яшхын ямыгъуэтыж щыхъум, мэжэщIалIэм мин бжыгъэкIэ ихьащ. Арати, дыгъужьхэм ещэкIуэныр зэпагъэуащ. Удзхэри бэгъуэжащ. Зышхын зыгъуэтыжа щыхьхэри «къэбэуэжащ». Пэжщ, Iэщ хутыкъуахэр, сымаджэхэр, лъэрымыхьхэр, сытым щыгъуи хуэдэу, дыгъужьхэм яIэрыхьэмэ, яшхырт. 

Ондатрэмрэ норкэмрэ

Ондатрэхэр америкэ дзыгъуэшхуэ лIэужьыгъуэщ. Езыр фIыцIафэ-морафэщ. ЩыIэщ ондатрэ фIыцIафи, и цы лъабжьэхэр къащхъуэу, и ныбэгур дыщафэу. Илъэс зыкъом ипэкIэ ахэр ди къэралым и щIыпIэ куэдым ираутIыпщхьауэ щытащ: Белорусым къыщыщIэдзауэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм нэс. Ди республикэми кърашат абыхэм ящыщ мымащIэу. Ондатрэм псыр фIыуэ елъагъу. ГъэщIэгъуэнщ абыхэм я псэупIэхэр зэраухуэ щIыкIэр. Шэдхэмрэ е шэдылъэ псы Iуфэхэмрэщ я унэхэр нэхъыбэу щыхащIыхьыр. Ондатрэхэм япэщIыкIэ пхъащхьэ куэду зэрагъэпэщ. Зэхуахьэс къудамэ пыщIыкIахуэхэр, губгъуэм е псы Iуфэм щыкI къамыл фо жэпкъхэр. Ахэр псори хьэндыркъуакъуэ цIэнлърэ ятIэкIэ зэрагъэубыд икIи бжьыхьэм унэ щIыным яужь йохьэ. ЩIымахуэм унэр нэхъ лъагэу дращIей. Япэ къатыр шэдым хащIыхь, ар сыт щыгъуи щIыIэщ. Абы шхыныгъуэ гъэтIылъыгъэхэр щахъумэ. ЕтIуанэ къатыр сытым дежи гъущэщ. Мыр ондатрэхэм я зыгъэпсэхупIэщ. Псэущхьэр псы Iуфэ лъагэм щыпсэумэ, гъуэ ещI, ари щиухуэр гъатхэращ, мыл къутэжыгъуэм ирихьэлIэу. Ондатрэм, щхъуэнтIагъэр къыщемэщIэкIым деж, тхьэмпэхэр, лъабжьэхэр, жылэхэр ешх. Хьэндыркъуакъуи, бдзэжьеи, елыркъэши и мыхьэмышхкъым. 
Ди тыкуэнхэм ондатрэ пыIэхэр, пщампIэ дахэхэр ящэ хъуат. АрщхьэкIэ щакIуэхэр дихьэхащ ондатрэхэм нэхърэ нэхъ дахэж норкэм. Псэущхьэ цIыкIум и тхыцIэр фIыцIафэ-кхъуэщыныфэщ, и бгъэгур хужьыфэщ. Ахэми псыр я жагъуэкъым. Америкэ норкэхэм я цыр нэхъ щабэщ икIи нэхъ фIыцIафэщ, езыхэри нэхъ пIащэщ, щIэжьей нэхъыбэ къащIохъуэ. Арати, норкэхэм я нэхъыбэр Америкэм къраш хъуащ. АрщхьэкIэ норкэхэр зэрыпхъуакIуэу фIэкIа зэрыпщIэн щыIэтэкъым. КIэпхъхэм, тхьэкIумэкIыхьхэм, бдзэжьейхэм ятеуэрт, езыхэм я хэкуэгъу ондатрэхэми зыкIи ягу щIэгъутэкъым.

Австралием тхьэкIумэкIыхьхэр

XVIII лIэщIыгъуэм япэу Австралием щитIысыкIа инджылыз унагъуэхэм абы здашауэ щытащ тхьэкIумэкIыхь зыкъом. Зэман дэкIри тхьэкIумэкIыхьхэр зищIыс имытыжу бэгъуащ. Ахэр цIыхухэм яIэщIэкIат, мэзым щIэлъэдэжурэ, абы сыт хуейми ящIэу щIэст, мэз щхъуантIагъэм Iисрафыр къыхуагъакIуэу. Ауэрэ яшхын щамыгъуэтыжым, губгъуэмкIэ къагъэзащ, хадэхэр зэтрашхыхьу хуежьащ. 
Щымыхъужыххэм, цIыхухэм губгъуэхэри хадэхэри гъущI банэкIэ къахухьу щIадзат. Ауэ абыкIэ тхьэкIумэкIыхь пхуэубыдынт! Псэущхьэхэм япэмылъэщыж щыхъум, абыхэм зауэ иращIылIащ. Ахэр кхъухьлъатэкIэ къащхьэщыхьэурэ къаукIырт, щхъухь зыхэлъ газкIэ ягъалIэрт. Япэ тхьэкIумэкIыхьхэр Австралием и щIыналъэм зэрихьэ лъандэрэ илъэс 200-м щIигъуа пэтми, нобэр къыздэсми а зауэр иухакъым. 

Къуаншэр хэт? 

Бжэнхэр куэдкIэ ягъэкъуаншэ. Дефо Даниэль и тхылъ телъыджэм – «Робинзон Крузо» жыхуиIэм емыджа куэд щыIэу къыщIэкIынкъым. Дефо и лIыхъужь нэхъыщхьэр къыщигъэхутауэ щытар Хуан-Фернандес хытIыгу гупым ящыщ зыт. Ахэр псори Чили къэралыгъуэм хохьэ. А зэманым псэуа еджагъэшхуэ Дарвин Чарлз и нэкIэ илъэгъуат хытIыгухэр къэкIыгъэкIэ зэрыкъулейри, абыхэм сантал мэзышхуэхэр зыщыкI щIыпIэ хьэлэмэтыщэхэр зэраIэри. Жыгхэм сантал дагъэ къыщIашт. Езы санталхэр зэрыпсэур нэгъуэщI къэкIыгъэхэм – шамбырхэм, къэмыл фохэм, кокосхэм я лъабжьэм къащIифыкIымкIэщ.
Ауэ ди зэманым Хуан-Фернандес хытIыгу гупым зыгуэр кIуэмэ, илъагъунур нэгъуэщI теплъэщ: абыхэм гъащIэ щымыIэж хуэдэ хъуащ. ХытIыгухэр джафэщ, къум нэщIым хуэдэу. АбыкIэ ягъэкъуаншэри псоми фIыуэ тцIыху бжэнхэрщ. А псэущхьэхэм яшхыр удзым и закъуэкъым, атIэ жыгхэр ягъу, тхьэмпэ зытет къудамэхэри абыхэм дагъэкIуэнри «хьэуэ кърадзэнукъым. Абыхэм бжыхь, блын жыхуаIэхэр ящIэркъым. Жыгым дэкIуеинри зыуи къащыхъукъым, кIэбдз лъакъуэкIэ уву ягу ирихь къэкIыгъэхэр щауфэкъри мащIэкъым.
Ливан, Марокко къэралыгъуэхэм бэгъуауэ къыщыкIыу щыта кедр жыг абрагъуэхэр зэрыщыбзэхамкIэ ягъэкъуаншэр бжэнхэрщ. Ахэращ зытралъхьэр Африкэ Ищхъэрэм и климатым зэрызихъуэжари. Илъэс мини 2,5-рэ хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, мыбы мэзышхуэхэр къыщыкIырт. ИкIи бжэнхэр а щIыпIэм зэрихьэ лъандэрэ мэзхэм лъапсэрыхыр къахуэкIуэ хъуащ. Мэз псэущхьэхэм я нэхъыбэр зэтелIащ, яшхын щамыгъуэтыжым, зыкъомым щIыпIэр ябгынащ. 
Дауи, жыпIэ хъунущ бжэнхэр къэкIыгъэхэм я бийуэ. Ауэ абыкIэ къуаншэр хэт? Бжэнхэра хьэмэрэ ахэр зыгъэхъухэра? 
 

 

Тхыгъэр зыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться: