Нартыху IэфIым щохъулIэ

Гъэтхасэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и губгъуэхэм нартыху IэфIыр гектар мини 2-м нэблагъэм щыхасэ. Лъэпкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэман зэхуэмыдэм мэхъу. Абы къыхэкIыу, зи гугъу тщIы къэкIыгъэ хьэлэмэтыр бжьыхьэкIэ дыдэ хъуху ди тыкуэнхэмрэ бэзэрхэмрэ щащэ.

Нартыху IэфIыр ди республикэм нэхъыбэу къыщагъэкIыр Бахъсэн, Прохладнэ, Май районхэрщ, псори зэхэту гектар 55-рэ къызэщIэзубыдэм. 
А къэкIыгъэр щыхасэр гъатхэпэрщ е мэлэжьыхьырщ. Къешх-къес щымыIэмэ, щIыгъэпшэр и чэзум игъуэтмэ, зэрыхасэрэ мазищ нэхъ дэмыкIыу къепхьэлIэж хъунущ.
Нартыху IэфIыр Iуахыж и хьэдзэхэм шэпсыр къащIэжу теплъэ яIэ хъуа иужь. Ар здыхасэ щIыр бжьыхьэм ягъэхьэзыр, щIыгум псыIагъэ нэхъ игъуэтын папщIэ. Мы къэкIыгъэм нэхъ и фIэфIыр щIыгуль пшэр здэщыIэ щIыпIэхэрщ.
КъБР-м гулъытэ хэха щыхуащI зи гугъу тщIы нартыху IэфIыр гъэфIэIунми. Нэгъабэ апхуэдэ шхыныгъуэу ди республикэм и тыкуэнхэмрэ бэзэрхэмрэ, псори зэхэту, банкI мелуан 45-м щIигъу яIэрыхьащ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым зы илъэсым къриубыдэу, ику иту, пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIыу консерв мелуан 350-м щIигъу щагъэхьэзыр. АбыкIэ ди щIыналъэр Кавказ Ищхъэрэм щыпэрытхэм ящыщщ. 

 

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться: