Правительствэм и унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм фэтэр куэд хъууэ щыIэ унэхэм хиубыдэ мыгуэша мылъкур капитальнэу зэгъэпэщыжыныр къызэрызэрагъэпэщым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 12-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым хуэгъэзауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и  Унафэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм фэтэр куэд хъууэ щыIэ унэхэм хиубыдэ мыгуэша мылъкур капитальнэу зэгъэпэщыжыныр къызэрызэрагъэпэщым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 12-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. А Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI
Егоровэ Татьянэ

Налшык къалэ
2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м
№52-П-П

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм фэтэр куэд хъууэ щыIэ унэхэм хиубыдэ мыгуэша мылъкур капитальнэу зэгъэпэщыжыныр къызэрызэрагъэпэщым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 12-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

Парламентым къищтащ      2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм фэтэр куэд хъууэ щыIэ унэхэм хиубыдэ мыгуэша мылъкур капитальнэу зэгъэпэщыжыныр къызэрызэрагъэпэщым и IуэхукIэ» 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м къащта Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №62-РЗ-м и 12-нэ статьям и Iыхьэ 2-м и етхуанэ абзацым къару имыIэжу къэлъытэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ
2019 гъэм дыгэгъазэм и 12-м
№36-РЗ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и мэз хозяйствэм зегъэужьын»
 и къэрал программэм и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

2019 гъэм жэпуэгъуэм и 30-м           №191-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и мэз хозяйствэм зегъэужьын» и къэрал программэу мы унафэм щIыгъур къэщтэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI
МУСУКОВ Алий

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ защIэгъэкъуэн» и
къэрал программэм и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр
Республикэм и Правительствэм и Унафэ

2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 18-м     №202-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ защIэгъэкъуэн» и къэрал программэу мы унафэм щIыгъур къэщтэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI
МУСУКОВ Алий

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Иджырей къалэ кIуэцIым и теплъэр» и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр
Республикэм и Правительствэм и Унафэ

2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 21-м       №203-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Иджырей къалэ кIуэцIым и теплъэр» и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2017 гъэм шыщхьэуIум и 31-м къыдигъэкIа унафэ №156-ПП-мкIэ къищтам, мы унафэм и гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI
МУСУКОВ Алий

 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэныр, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр зэтегъэувэжынымрэ къэгъэсэбэпынымрэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и
 Унафэ

2019 гъэм дыгъэгъазэм и 10-м
Налшык къалэ №223-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэныр, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр зэтегъэувэжынымрэ къэгъэсэбэпынымрэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 23-м къыдигъэкIа унафэ №213-ПП-мкIэ къищтам, халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн мы унафэм и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI
Мусуков Алий

РесурсхэмкIэ къызэзыгъэпэщ организацэхэр, фэтэр куэд хъу унэхэр зезыхьэ компаниехэр, псэупIэхэр зи мылъкухэм я зэгухьэныгъэхэр, цIыхухэм псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэзыщIэ адрей организацэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэр информацэкIэ зэрызэхъуажэ Хабзэр къэщтэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и
 Унафэ

2019 гъэм дыгъэгъазэм и 10-м    Налшык къалэ №224-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. РесурсхэмкIэ къызэзыгъэпэщ организацэ­хэр, фэтэр куэд хъу унэхэр зезыхьэ компаниехэр, псэупIэхэр зи мылъкухэм я зэгухьэныгъэхэр, цIыхухэм псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэзыщIэ адрей организацэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэр информацэкIэ зэрызэхъуажэ Хабзэр (адэкIэ - Хабзэр) къэщтэн мы унафэм и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм хуэгъэувын мы унафэр гъэзэщIэныр къызэгъэпэщыныгъэ, методикэ лъэныкъуэхэмкIэ иунэтIыну.
3. Муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэм­рэ я щIыналъэ администрацэхэм чэнджэщ етын ресурсхэмкIэ къызэзыгъэпэщ организацэхэр, фэтэр куэд хъу унэхэр зезыхьэ компаниехэр, псэупIэхэр зи мылъкухэм я зэгухьэныгъэхэр, цIыхухэм псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэзыщIэ адрей организацэхэр (адэкIэ - псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр зэфIэзыгъэкIхэр) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэр зэпыщIауэ зэдэлэжьэнымкIэ зыхуеину Iэмалхэр къызэрагъэпэщыну.
4. ПсэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр зэ­фIэ­зы­­гъэкIхэм чэнджэщ етын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм информацэкIэ ехъуэжэныр мы Хабзэм тету ирагъэкIуэкIыну.
5. Мы унафэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыну и пщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий М. Б.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и унафэм щIэт къэрал IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм лэжьапщIэр зэрырат отраслевой хабзэм теухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и
 Унафэ

2019 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м   Налшык къалэ №225-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и унафэм щIэт къэрал IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм лэжьапщIэр зэрырат отраслевой хабзэм теухуа Положенэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2013 гъэм жэпуэгъуэм и 18-м къыдигъэкIа унафэ №286-ПП-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн икIи абы и II разделыр щIэрыщIэу къэхьын мы унафэм и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2009 гъэм мазаем и 6-м къищта унафэ №14-ПП-м, 2016 гъэм шыщхьэуIум и 26-м къищта унафэ №165-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэухкIэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и
Унафэ

2019 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м   Налшык къалэ №226-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу цIыху гуп щхьэхуэхэм псэупIэмрэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ мазэ къэс трагъэкIуадэ ахъшэм щыщ Iыхьэ зэрыхуапшыныж Хабзэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2009 гъэм мазаем и 6-м къыдигъэкIа унафэ №14-ПП-м, «ПсэупIэмрэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ я уасэхэмкIэ цIыхухэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ етынымкIэ системэм хэт организацэхэр информацэкIэ зэрызэхъуажэ Хабзэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2009 гъэм мазаем и 6-м къыдигъэкIа унафэ №14-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2016 гъэм шыщхьэуIум и 26-м къыдигъэкIа унафэ №165-ПП-м халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн мы унафэм и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2016 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдигъэкIа унафэ №251-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и
 Унафэ

2019 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м Налшык къалэ №227-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хуэмыщIауэ щыпсэу унагъуэхэм, зи закъуэу псэу цIыху хуэмыщIахэм щрат къэрал социальнэ дэIэпыкъуныгъэр зыхуэдизым, ар зэрыхуагъэувымрэ зэрырат щIыкIэмрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2016 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къищта унафэ №251-ПП-м халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн мы унафэм и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и
 Унафэ

2019 гъэм дыгъэгъазэм и 13-м Налшык къалэ №228-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэ­джэ­­ны­гъэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм фокIадэм и 17-м къыдигъэкIа унафэ №249-ПП-мкIэ къищтам, халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн мы унафэм и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

 

Поделиться: