ГъащIэ теплъэгъуэхэр

Зэныбжьэгъухэр

         Темболэт къулыкъущIэшхуэт. Ахъмэт лэжьакIуэшхуэт. Зэманымрэ илъэсхэмрэ зэпэIэщIэ ящIа иужькIи, я псэкIэ зэпэгъунэгъуу къэнат. ТIуми я гум ихуртэкъым зы хьэблэжь къызэрыщалъхуар. Быбэ мыгъуэм и шатэ щIэгъэпщтхьар зыIурыбзэежу зэрызэдашхари тIуми я тэмакъым IэфIу телъу нобэми къащыхъурт…

         Темболэт къалэм икIыжу я къуажэ дыхьэжмэ, и машинэр япэу зрихулIэр Ахъмэт и унэрт. Iэджи ягу къагъэкIыжу уэршэрырт, зэдэгушыIэрт а тIур. Я псэми зигъэпсэхурт. Ауэ цIыхум ягъэщIэгъуэн ямыухыу жаIэрт:

         - Темболэт аргуэру Ахъмэт деж къэкIуащ…

         - Уа, зыгуэркIэ къигъэсэбэпыфу пIэрэ ар ди Ахъмэтыжь мыгъуэм.

         - Къигъэсэбэпыфтэмэ, къалэм дэс и къуэм алъандэм фэтэр кърыригъэтыртэкъэ. Ауэ зэ гуригъэIуамэ зэфIэкIат.

         - Абы апхуэдизрэ къыхуэкIуа нэхърэ сэ зэ закъуэ къысхуэкIуащэрэт ар.

ЦIыхум Iэджи жаIэрт, ауэ Темболэтрэ Ахъмэтрэ я зэныбжьэгъугъэм дахагъэу хэлъыр зэныбжьэгъугъэ къудейуэ зэрыщытым и гугъу ящIыртэкъым.

         Сытми, сыкъулыкъущIэти сыкъалэдэсти жимыIэу, Темболэт къыкIэлъыкIуэрт и ныбжьэгъужь Ахъмэт, зэрыкъуажэдэсри зэрылэжьакIуэжьри дагъуэ хуэмыхъуу.

 Зэгуэрым, тIуми я ныбжьэгъу гуэр дунейм ехыжауэ Темболэт хъыбар къылъэIэсри, къуажэм кIуэжащ. ЛIам и унагъуэм дэмыхьэу, япэщIыкIэ ар Ахъмэт деж екIуэлIащ. Мыдрейри абы ежьэм хуэдэу дэст. Арати, Темболэт къэзыша машинэр Ахъмэтхэ я куэбжэм къыIуанэри, зэныбжьэгъуитIыр лъэсу жэназыщI ежьащ. ЗдэкIуэм, тIуми щхьэж и гупсысэ яIэжт, ауэ зыри жаIэртэкъым. ИтIанэ Темболэт и ныбжьэгъум ней-нейуэ къыхуеплъэкIащ, «дауэ иджы мы дыздэкIуэм зэрытщIынур» жиIэу къригъэкIыу. Ахъмэти абы хуеплъэкIыжащ «уэ узэрегуакIуэщ, ауэ сэ зэрысщI си хабзэу сщIынщ», – игукIэ жриIэу.

         Нэсри, цIыху Iув зэлъыIукIуэтам кIуэцIрыкIа лIитIыр нэщхъеягъуэр зей цIыхухэм я пащхьэм иуващ. Ахъмэт дыуэ ищIащ. Темболэт и пыIэр щхьэрихащ. Псоми ялъэгъуащ, ауэ я кIуэцIым ипсэлъыхьыжа мыхъумэ, зыми зыри жиIакъым. ЗэныбжьэгъуитIри хуэмурэ къикIуэтыжри лъэныкъуэкIэ иувыкIащи, аргуэру ней-нейуэ зэхуоплъэкI. ИтIанэ Темболэт щэху дыдэу жиIащ:

         - А уи Iэ бущIам къралъхьам щыщ тIэкIу къызэтыт, Ахъмэт.

         - А уи пыIэ щхьэрыпхам къралъхьар къызэти, зэхэтлъхьэнщи зэхуэдитIу дгуэшыжынщ, Темболэт, – апхуэдэ дыдэу щэхуу жэуап итыжащ Ахъмэт.

         ЗэныбжьэгъуитIыр ней-нейуэ зэхуеплъэкIа мыхъумэ, нэгъуэщI пащакъым. ЗэкIэ зэжрамыIэфа псори я гум пIэжьажьэу къинащ.

 

Жэуап фхуетыну пIэрэ? 

         КъулыкъущIапIэ унэ гуэрым сыпIащIэу сыкъыщIэкIыжат, лэжьапIэм сыкIуэжыну. Си цIыхугъэ, ныбжьэгъу нэхъыжь сыхуэзащ. СыпIащIэми, сыблэкI хъунутэкъыми, згъазэри, сэлам есхащ. Аддэ зызэман щIалэщIэу тыкуэнтет къызэрыгуэкIыу лэжьэн къыщIидзэу, иджы тыкуэнтет псоми я унафэщI IэкIуэлъакIуэ хъуа, цIыхум яхуищI нэмысымкIэ зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыж лIыт ар.

         - УпIащIэ хуэдэщ. Сэ машинэ сисщ. НакIуэ, усшэжынщ, – жиIащ абы.

         «Хьэуэ» жысIэмэ фэрыщIыгъэти, фIыщIэ хуэсщIри, къыпэплъэ машинэм декIуэлIащ. Сэ яужь ситащ ар ипэмкIэ згъэтIысыжу, сэ иужькIэ ситIысхьэну.          Сыт жызмыIами, къысхуимыдэу, тIури дызэбгъэдэтIысхьащ.

         Дыкъызэрежьэжу жиIащ:

         - Уэ хабзэмрэ нэмысымрэ хэзымыщIыкIхэм уащыщ хуэдэкъым. АтIэ, сэ сыщыбгъэуэну е сщIэм уеплъыну арат?

         ТIум хуэдэ муради зэрызимыIар и фIэщ сщIа си гугъэу дыкъыздэкIуэм, къызжиIащ ар сыт щыгъуи цIыху губзыгъэу къызэрысщыхъумкIэ сызэрыщымыуэр аргуэру зэ си фIэщ зыщIа псалъэ:

         - Адыгэм хабзэфI куэд къадокIуэкI. Ди нэхъыжьхэр абыкIэ цIэрыIуэу щытащ. «Адыгэ хабзэ» жыпIэмэ, куэд къикIыу къытхуэзыгъэнари ахэрщ. Ди зэманым зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ игъуэтащ ди хабзэм. Къемызэгъыж, зэран хъу гуэрхэр кIэрыхуащи хъарзынэщ, ауэ хъарзынэ гуэрхэри ягъэкIуэд е зэIагъэхьэ. Ар гукъеуэщ. А псом и гугъу тхуэщIынкъым иджыпсту. Ауэ дунейм зэрызихъуэжым, щIэуэ къэунэхухэм ехьэлIа гуэрхэр хабзэм, нэмысым къегъэзэгъыным куэдрэ сегупсысырти, иджыпсту сигу къэбгъэкIыжащ. Апхуэдэу щыхъуакIэ, сэ къызэрысщыхъур бжесIэнщ, уэ узэреплъыр къыщIыгъуж.

         Зи унэм вакъэ плъыгъыу ущIыхьэ мыхъу бысымым деж хьэщIапIэ умыкIуэ.

         Унэм зэрыщIэс щыгъын, пижамэ жыхуэтIэмкIэ, Iэнэм къыбдыщыса бысымым етIуанэу хьэщIэу ухуэмыкIуэ.

         И куэбжэм нэс укъыдэзымышыжа, унэшхуэ щIэсмэ, щIым укъытезымыгъэувэжа хэгъэрейм етIуанэу ухуэмыкIуэ.

         Уи закъуэу укъигъанэрэ и пщэдыкъ удэплъэу япэкIэ тIысыжам и машинэ етIуанэу уимытIысхьэ.

         Мыр къызжезыIа цIыху губзыгъэр куэдрэ зэгупсысам сэри занщIэу жэуап схуетакъым. Ауэ къысфIощI тэмэму гу зылъита, щапхъэ гуэрым тегъэувэн хуей, псалъэ зытежыIыхьыпхъэ хабзэр гулъытэншэу къэбгъанэ мыхъун Iуэхуу.

         Фэ дауэ феплърэ, ныбжьэгъухэ?

         ХьэщIэу къыпхуэкIуа цIыхум уи унэлъэгу цIуужу лам, алэрыбгъу дахэшхуэ зэрылъым е лэч зыщыхуэжа паркетым щысхьу и вакъэр лъихмэ, нэхъ тэмэм? Хьэмэрэ, зигъэщIэращIэу къэкIуам и вакъэр лъихауэ лъапцIэу, и щхьэм хуэфащэ нэмыс и лъакъуэм къимылэжьам хуэдэу, бжьыгуэ хъуауэ уи хьэщIэр уи унэм щIэтмэ, нэхъ къекIурэ? КультурэкIэ дызэджэу ди щхьэм и пщIэр зыгуэркIэ белджылы зэрытщI Iуэху лъапIэр игъэинрэ хьэмэрэ игъэлъахъшэрэ абы?..

         КЪЭРМОКЪУЭ Мухьэмэд.

 

          

Поделиться:

Читать также: