Дзюдоистхэр зохьэзохуэСССР-м дзюдо, самбэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ и мастер, Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхь зиIэ и тренер Мелекаев Сифар и саугъэтыр къэхьыным хуэунэтIауэ щIыналъэхэм дзюдомкIэ я зэхьэзэхуэ зэIуха иджыблагъэ Карачаевск къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ илъэс 21-рэ зи ныбжьхэу къэралым и щIыналъи 8-м я бэнакIуи 130-м нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу спортсменибгъум я зэфIэкIыр къыщагъэлъэгъуащ а зэпеуэм. Абыхэм ящыщу килограмм 73-м щыбанэ Къущхьэ Тамерлан зыхэта гупым къытекIуэн къахэкIакъым икIи дыщэ медалыр къихьащ. Беслъэней Идар килорамми 100 хъухэм я деж ещанэ щыхъуащ. ЩIалэхэр зыгъасэр Иванов Дмитрийщ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 11:00 →
Урысейм и чемпион Шэрий Иналбэч
03.05.2024 - 17:48 →
Спортсмен цIэрыIуэм и фэеплъу
03.05.2024 - 16:51 →
Алим кIэух зэпеуэм хэтынущ
03.05.2024 - 15:27 →
ЕтIуанэ увыпIэр къахь
03.05.2024 - 09:58 →
Балъкъыз Камилэ дыщэ медаль къехь
|