Гъуэтыж Азэмэт апхуэдэт

ЛIыхъужьыгъэ нэсрэ ха­хуагъэ инрэ зыхэлъ, захуа­гъэмрэ пэжымрэ зи гъуэгугъэлъагъуэ икIи абыхэм я телъ­хьэ лъэпкъ уардэущ а­дыгэхэр дуней псом игъа­щIэми къызэрыщацIыхур. Лъэпкъыр зэрыщыIэрэ гъуэгуанэшхуэ къикIуащ, гугъу­ехьрэ гуауэ куэдрэ игъэващ, иIащ дэрэжэгъуэ щигъуэт, гуфIэгъуэшхуэм щызэщIищтэ зэманхэри. Зыщыпсэу лъэхъэнэм емылъытауэ, адыгэ­хэр ноби цIэрыIуэщ яхэлъ ­хабзэ екIумкIэ, лъэпкъ хьэлкIэ зэджэ фIыгъуэхэмкIэ. 

Адыгэхэм гушхуэ зэра­кIуэ­цIылъым и щыхьэт куэд хыдолъагъуэ Хэку зауэшхуэм и тхыдэм. Апхуэдэ щIалэ ахъыр­зэманхэм я щапхъэ мымащIэу хэтщ иджырей лъэхъэнэми. Абы и щыхьэт наIуэщ УФ-м и Президентым и унафэкIэ Ук­раинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэ­-хам ди лъэпкъэгъухэм ящыщ куэд хахуагъэрэ лIыхъужьыгъэрэ къыщагъэлъагъуэу зэры­хэтыр. Щхьэмыгъазэу бийм пэщIэт зауэлIхэм захуагъэм ­папщIэ я псэр ят, хэкум и къы­щхьэщыжакIуэ нэсу щыту. Адыгэ щIалэщIэ Гъуэтыж Азэ­мэт Мурат и къуэр апхуэдэт. ЛIыхъужьыгъэ къигъэлъагъуэу зэуапIэ губгъуэм ита офицер хахуэр биишэм ихьащ 2023 гъэм и щIышылэ мазэм…
Зи гъащIэ кIэщIыр щIэблэ куэдым щапхъэ яхуэхъуну а щIалэщIэм хэлъа лIыгъэм, ­хахуагъэм, и цIэр уахътыншэ хъу­ным хуэгъэпса пэкIу иджы­благъэ къыщызэрагъэпэщащ Бахъсэн районым хыхьэ Кыщ­пэк къуажэм дэт курыт школым. Абы къыщызэIуахащ ­Гъуэтыж Азэмэт Мурат и къуэм и цIэ-унэцIэр зытет фэеплъ пхъэбгъу. Зэхуэсым хэтащ ­Бахъсэн район администрацэм и унафэщIхэр, щIыналъэ дзэ комиссариатым и лэжьа­кIуэхэр, щIыпIэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр, щIалэ-лIыхъужьым и Iыхь­лы­хэр, ныбжьэгъуу иIахэр, ­КъБКъУ-м и адыгэбзэ кафед­рэм, курыт школым я егъэджа­кIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ. 
- Мы дунеишхуэм зы псалъэ закъуи теткъым зи бын, зи къуэ­рылъху-пхъурылъху зыфIэкIуэда адэ-анэм, адэшхуэ-анэш­хуэм я псэм телъ бэлыхьыр ящ­хьэщихыну, я гум илъ гуауэр ­игъэткIуфыну. А псори нэхъ тынш пщищIыну щыIэр зы закъуэщ: дунейм ехыжам и фэ­еплъыр хъумэнырщ, абы пщIэ хуэщIынырщ, - жиIащ зэхуэсыр къыщызэIуихым Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Оганезовэ ФатIимэ. - Нобэ дызыхэтыр ап­хуэдэ Iуэхугъуэщ. Ди лъахэгъу, Кыщпэк къыщалъхуа, абы пэ­щIэдзэ школым щыкIуа Гъуэ­тыж Азэмэт и фэеплъыр уахътыншэ щIыным хуэгъэпса Iуэхугъуэщ. А щIалэ хахуэм и гъащIэр щIитащ Донбассым, ди къэралым я цIыхухэм я щхьэхуитыныгъэм, къэкIуэну щIэблэхэр мамыру псэун папщIэ. И ахърэтыр нэху ухъу. 
Гъуэтыж Азэмэт Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк къуа­жэм 1999 гъэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школым еджэн щыщIэзыдза щIалэ цIыкIум япэщIыкIэ Налшык дэт «Солнышко» школ-сабий садым, иужькIэ курыт школ №4-м еджэным щыпищащ. ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтынми ­ихъуреягъкIэ щекIуэкI жыла­гъуэ лэжьыгъэхэми хуэжы­-джэр ныбжьыщIэм хъарзынэу къехъулIэрт предмет зэмылIэу­жьыгъуэхэр, техникэми, спортми дихьэхырт. БалигъыпIэ иува нэужь, Азэмэт мурад ищIащ дзэ къулыкъум епха IэщIагъэ зригъэгъуэтыну икIи 2014 гъэм щIэтIысхьащ Сухой Павел и цIэр зэрихьэу Актюбинск къалэм кадетхэр щагъэхьэзыру дэт школ-интернатым. 2016 - 2021 гъэхэм Гъуэтыжыр щеджащ ­командирхэр щагъэхьэзыр, Совет Союзым и ЛIыхъужь Мар­гелов Василий и цIэр зэрихьэу Рязань къалэм дэт Дзэ-десант училищэ нэхъыщхьэм. Зэри­хабзэу, зыхэтым фIыкIэ къахэщу студент илъэсхэр ирихьэ­кIащ адыгэ щIалэм. ПщIэ хуа­щIу ар 2020 гъэм хэтащ Москва Утыку Плъыжьым накъыгъэм и 9-м щызэхаша ТекIуэныгъэм и пэкIу иным. Къэралпсо мы­хьэнэ зиIэ апхуэдэ Iуэхугъуэхэм, зэрытщIэщи, хэтыну дзыхь зы­хуащIыр фIым я фIыжхэрат. Апхуэдэт Гъуэтыж Азэмэт. 
Лейтенант Гъуэтыжыр 2022 гъэм и мазаем езым и фIэ­фIы­ныгъэкIэ Украинэм кIуащ, абы ди къэралым щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтыну. Куэд дэмы­кIыу абы къыфIащащ Гвар­дием и лейтенант нэхъыжь цIэ лъагэр икIи ягъэуващ 108-нэ десант-ебгъэрыкIуэныгъэ Кубань полкым и 3-нэ парашют-десант ротэм и унафэщIым и къуэдзэу. Зауэ IэнатIэм къы­щигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ Гъуэтыж Азэмэт полкым и командованием и унафэкIэ къратауэ щытащ «Хахуагъэм пап­щIэ», «Зауэ зэфIэкIхэм папщIэ» медалхэр. УIэгъэ хъуами, сымаджэщым куэдрэ щIэмылъу зауэ IэнатIэм пэрыхьэжат ар. 2023 гъэм и щIышылэм и 19-м Гъуэтыж Азэмэт зэуапIэм икIуэдащ, бийм къытридза уIэгъэ хьэлъэм къемылу. 
Хэкум и пащхьэм щиIэ къалэнхэр къикIуэт зымыщIэу зыгъэзэщIа Гъуэтыж Азэмэт Мурат и къуэм къигъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ, УФ-м и Президентым ищIа Унафэм ипкъ иткIэ хуагъэфэщащ «ЛIы­хъужьыгъэм и орден» лъапIэр. 
ЕджакIуэхэм зэхуэсым къе­кIуэлIахэр а псоми щыгъуазэ хуащIа нэужь, школым и уна­фэщI Балъкъэр Дадуся псалъэ гуапэ яхужиIащ апхуэдэ щIалэ пэж, хахуэ, ди щIыналъэри Кыщпэк жылэри зэрыгушхуэ зауэлI-лIыхъужь зыгъэса нэхъыжьхэм. 
- Кыщпэкдэсхэм ящыщу цIыху 59-рэ мы зэманым хэтщ гъунэгъу щIыналъэм ди къэралым щригъэкIуэкI дзэ Iуэху ­хэхам. МащIэкъым абы зи псэр щызытахэри. Ди еджапIэм и тхыдэ-хэкурыдж музейм къы­щызэдгъэпэща «ГъащIэмрэ лIыгъэмрэ» плIанэпэщIэм я фэеплъ пхъэбгъухэр щыфIэддзакIэщ ди школым и гъэсэну щытахэу, зи къулыкъум епха ­къалэнхэр щагъэзащIэм зи псэр зыта щIалэщIэхэу полицэм и лейтенант нэхъыжь ­Балъкъэр Аслъэн Артур и ­къуэм (1991 - 2019), Украинэм ще­-кIуэкI зэпэщIэувэныгъэм щы­хэкIуэдахэу Гъуэщокъуэ Те­мыркъан Заур и къуэм (1998 - 2022), Гъуэщокъуэ Мурат Руслан и къуэм (1979 - 2022), Абазокъуэ Мурат Хьэсанш и ­къуэм (1986 - 2022). Апхуэдэ щIалэ хахуэхэм я фэеплъхэр хъумэным тедухуа плIанэпэм иджы фIэлъщ Гъуэтыж Азэмэт Мурат и къуэм и сурэтри, - жиIащ еджапIэм и унафэ­-щIым. - Хэт ищIэнт Хэку зауэш­хуэм и илъэсхэм зи гъащIэр зытауэ щыта лIыхъужьхэм я унэцIэхэм иджыри къащыхэ­хъуэн зэман къэралыр иувэну?.. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми и гъащIэр итащ ди хэкум и щхьэхуитыныгъэм, зэпIэ­зэры­тыныгъэм папщIэ. АхърэткIэ гуфIауэ Алыхьым къыщIигъэкI ди щIалэ-лIыхъужьхэм я псэ­хэр. 
Абдежым къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ зауэлI хахуэхэм, абыхэм я фэеплъхэм удз гъэгъахэри хуагъэтIылъащ. 
Азэмэт и адэшхуэ-анэшхуэу Хьэпэхъухэ Хьэсэнрэ Нинэрэ курыт школым и унафэщIым фIыщIэ ин хуащIащ я пхъу­рылъ­хум щIэныгъэ зэгъуэ­ты­нымкIэ япэ лъэбакъуэр щича школым фэеплъ пхъэбгъу къы­щыхузэIухыным ехьэлIа я жэрдэмыр къазэрыдиIыгъам пап­щIэ. ЩIалэ хахуэр зыфIэкIуэда зэщхьэгъусэхэу Гъуэтыжхэ Муратрэ Марьянэрэ зэхуэсым ­кърихьэлIа псоми ехъуэхъуащ  я бын я гуфIэгъуэ ялъагъуу куэдрэ я узыншагъэкIэ, на­сып­кIэ якIэлъыплъыну. Абыхэм ­къабгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр иратащ школым и унафэщI­-хэм, Азэмэт и япэ егъэджа­кIуэм. Зэщхьэгъусэхэм ягъэуващ ­Гъуэтыж Азэмэт и цIэкIэ саугъэти. Ар иратынущ еджэ­ным, жылагъуэ Iуэхум къыхэжаныкI еджакIуэхэм. Сом мин тхурытху хъу апхуэдэ ахъшэ ­саугъэтхэр хуагъэфэщащ мы­зыгъуэгукIэ нэхъыфIу къалъы­та ныбжьы­щIищым. А саугъэтхэр илъэс къэс Хэкум и хъу­макIуэм и ­махуэм ирихьэлIэу ятыну трау­хуащ. КъинэмыщIауэ, Муратрэ Марьянэрэ еджапIэм щIэс сабий псоми яхуэ­гуэпащ IэфIыкIэ зэрылъ хъуржын цIыкIухэмкIэ. 
Зи фэеплъыр къуажэдэсхэм Iэтауэ ягъэлъэпIа Гъуэтыж Азэмэт къигъэлъэгъуа хахуа­гъэр, быдагъэр, зэпIэзэрытыгъэр щапхъэ яхурырехъу къыт­щIэхъуэ щIэблэхэм. Апхуэдиз лIыгъэ зыхэлъа щIалэщIэр езыр гъащIэ мащIэт: псэужамэ, гъатхэпэм и 15-м илъэс  25-рэ ирикъуну арат… 

 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: