И цIэр тхыдэм къыхэнащ, адыгэлI нэсым и щапхъэу

Хэкум и щхьэхуитыныгъэр, абы и щIыхьыр къэмылэнджэжу зыхъумахэм жыджэру яхэтащ ди щIыналъэм щыщ щIалэ куэд. Псэемыблэжу, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу япэщIэтащ ахэр бий зэрыпхъуакIуэхэм. Абыхэм ящыщ зыщ Аруан районым хыхьэ Къэхъун къуажэм къыщалъхуа, медицинэ IэнатIэм и дохутыр-подполковник Жамборэ Хьэбас Уэзырмэс и къуэр.

Жамборэм япэщIыкIэ медицинэ IэщIагъэм хуеджэн щригъэжьащ Санкт-Петербург, иужькIэ Саратов дэт дзэ-медицинэ институтым зригъэдзыжри, ар ехъулIэныгъэкIэ къиухыжащ. 
Хэку зауэшхуэр къыщыхъейм, дзэ-медицинэ щIэныгъэ зэзыгъэгъуэта Хьэбас къэралым и мамыр псэукIэр зыхъумэну Iэщэ къэзыщта куэдым хуэдэу, и щIыпIэм, абы и цIыхухэм я щхьэхуитыныгъэм щхьэeмыгъазэу щIэбэнащ. Апхуэдэуи къикIуэт имы­щIэу, и гъащIэ емыблэжу ар яхэтащ Украинэр, Польшэр, Чехословакиер нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIэзыгъэкIыжахэм икIи 1945 гъэм накъыгъэм и 12-м ар ТекIуэныгъэм щыIущIащ Прагэ къалэм.
Жамборэ Хьэбас и зэфIэкI щигъэлъэгъуащ Совет-япон зауэми. Дзэ къулыкъур абы щрихьэкIащ Владивосток, Москва, Пя­тигорск къалэхэм, Молдавие Республикэм. ЩIыхьрэ фIыщIэ­рэ пылъу а къалэныр абы ирихьэкIащ 1956 гъэ пщIондэ.
Зауэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ абы къыхуагъэфащащ «1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германием дызэрытекIуам папщIэ», «Кавказыр зэрахъумам ­папщIэ», «Будапешт къызэращтам папщIэ», «Прагэ къызэрырагъэутIыпщыжам папщIэ», «Венэ къызэращтам папщIэ» медалхэр.
Къыщалъхуа лъахэм къигъэзэжа нэужь, 1957 гъэм щегъэ­жьауэ 1961 гъэ пщIондэ, ар щылэжьащ КъБР-м ЩIыфэ узыфэ зэ­ры­цIалэхэм щеIэзэ диспансерым и дохутыр нэхъыщхьэу. А ­IэнатIэм Хьэбас къыщигъэлъэгъуащ щIэныгъэ куу зэрыбгъэ­дэлъыр, зыпэрыт Iуэхум фIыуэ зэрыхищIыкIыр. СССР-м щыяпэу абы къигъэсэбэпащ Налшык и курортхэм и ятIэ, псы хущхъуэхэр къигъэсэбэпкIэрэ щIыфэ узыфэхэр гъэхъужынымкIэ Iэмал зэ­хуэмыдэхэр. Налшык къалэ дэт, Къалмыкъым и цIэр зезыхьэ ­санаторэм а узыфэхэм щеIэзэ къудамэ щхьэхуэхэр къыщызэ­Iуихауэ щытащ. 
Зыхэта гупым я деж пщIэр щылъагэу къэгъуэгурыкIуащ ­Жамборэ Хьэбас, и Хэкум, и лъэпкъым и тхыдэм абы и цIэр къыхэнащ, адыгэлIым и щапхъэ нэсу.
 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться:

Читать также: