Фэеплъ зекIуэ

«Урысей географие зэгу­хьэныгъэм» хыхьэ «Альтаир» ныбжьыщIэ хасэм илъэс къэс къызэригъэпэщ щIымахуэ зекIуэхэм ящыщщ иджы­благъэ щIалэгъуалэм кърахьэлIа пэхуэщIэр (проек­-тыр). НыбжьыщIэ хасэм хэтхэм Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу, 1942 - 1943 гъэхэм Кавказыр хуит къыщащIыжым Хэку зауэшхуэм зи щхьэр хэзылъхьа лIы­хъужьхэм папщIэ бгыщхьэм фэеплъ пхъэбгъу щагъэуващ. ЩIалэгъуалэр метр 2879-рэ хуэдизкIэ щIыгум щхьэщыIэтыкIа Инал сэнтхым и щIыпIэ нэхъ лъагэ дыдэм кIэрыхьащ. Ар Къуршытхым хыхьэж тхы­цIэхэм ящыщщ.

БгылъэрызекIуэ ныбжьы­щIэхэм къыхалъхьа жэрдэ­-мыр даIыгъащ Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм Ку­рортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм, УФ-м Къэрал шы­нагъуэншагъэмкIэ и къу­лыкъущIапIэм КъБР-м щиIэ ­Гъунапкъэхъумэ IуэхущIапIэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр» хъыбарегъащIэ IэнатIэм.
ЩIымахуэ зекIуэм хэтащ «Урысей географие зэгухьэ­ныгъэм» хыхьэ щIалэгъуалэ хасэхэр. Проектым хэта щIалэгъуалэр нэхъапэкIэ «Урысей географие зэгухьэныгъэм» и гъэзэщIакIуэ гупым къыхалъ­хьауэ щыта зэпеуэм щыте­кIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэт. Иджыри зэ фигу къэдгъэкIыжынщи, зэхьэзэхуэм ягъэхьа проекти 180-м щыщу лэжьыгъийращ пхыкIар, нэхъыфIуи къалъытар.
ПэхуэщIэм ипкъ иткIэ, еджа­кIуэхэм, студентхэм, волон­тёрхэм къыхашри, щIалэгъуа­лэ гуп зэрагъэпэщащ. ЖэрдэмщIакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, къыхалъхьа Iуэхугъуэхэр зы­фIэгъэщIэгъуэнхэм папщIэ курсхэр къызэрагъэпэщащ, аб­деж къуршым и щыгум зэрыдэкI щIыкIэхэмрэ Iэмэ­псымэхэр зэрызэрахьэмрэ щы­щагъэгъуэзащ. Абы къи­щы­нэмыщIауэ, ныбжьыщIэ­хэм ирагъэщIащ шынагъуэ къэ­мыгъэхъуным теухуауэ щыIэ хабзэхэмрэ ар къэхъуа­мэ, япэ дэIэпыкъуэгъур цIы­хум зэрептынумрэ. ЩIалэ­гъуалэм ирата щIэныгъэр зэ­рызэхащIыкIар къахутэн пап­щIэ Нартеибгым и щыгум дэкIащ, абы щхьэкIэ къызэрагъэпэща щытыкIэ гугъухэм ирагъэувэурэ. Бгым япэу кIэ­рыхьэ ныбжьыщIэхэм ящIы­гъуащ къуршылъэ щIыпIэхэм я пIалъэ зыщIэ, мызэ-мытIэу абы и щыгум кIэрыхьа бгы­лъэ­рызекIуэ Iэзэхэри.
УзэщIакIуэ къалэнхэр къэ­зыщта пэхуэщIэм хэта гупыр ГыжгытыкъуэкIэ къыщрагъа­жьэри, удзыпцIэ джабэм кIэ­рыту Инал сэнтхым кIэры­-хьащ. Япэ теуэгъуэр псынщIэу щытауэ пхужыIэнукъым - къыкъуэуа жьапщэм гъуэгум хэбгъэщIыну уигъэщхьэхырт, уэ­сырызекIуэ Iэмэпсымэхэри кIуэцI­рыхурти, ахэр къы­щIэ­тIы­кIыжыным зэман хъарзы­-нэ ихьырт. Апхуэдэу щыт пэтми, гъуэгу техьахэр тенакъым, зекIуэ хабзэхэм иригъуазэурэ гупыр сэнтхым техьащ, Хэку зауэшхуэм хэкIуэда щIалэхэм  я цIэкIэ зэрагъэпэща фэеплъ пхъэбгъур щагъэуващ. Абы ­къищынэмыщIауэ, зэтралъ­хьа мывэ Iуащхьэм, бгылъэ­рызекIуэхэм зэрахабзэу, тхыгъэ цIыкIу къыданащ, гупым хэтахэм я цIэхэр тету, къы­кIэ­лъы­кIуэнухэм ар абы къы­дахыжу кърахьэхыжын хуэдэу.
ЗекIуэ гупым хэта, КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и ­министрым и къуэдзэ Щхьэгъэпсо Аслъэнбий зэрыжи­IамкIэ, щIалэгъуалэм къы­халъ­хьа Iуэхугъуэм гъэсэныгъэ ­мы­хьэнэшхуэ иIэщ. «Зауэр ­зэ­рыувыIэрэ лIы ныбжь дэ­кIы­жами, цIыхухэм ятридза фэбжьыр иджыри къыздэсым ­мэбжьыбжь, нэхъыжьхэм я ­нэгу щIэкIа гукъэкIыж хьэ­лъэ­хэм ящыщу зэрахьэ, сыт хуэдиз гухэщIыгъуэ къаримытми, хуэсакъыурэ щIэблэм ира­гъащIэ. Хахуагъэм и щапхъэу тхыдэм хэуващ Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа илъэсхэр - ди щIалэхэр я псэ емыблэжу зэуащ, къэзылъхуа адэ-анэхэр, зыхэ­кIа унагъуэхэр, щалъхуа хэкур, я цIыкIущхьэмрэ щIалэгъуэм­рэ щагъэкIуа хьэблэр зэрып­хъуакIуэхэм зэрыщахъумэр я гум щагъафIэу, абы къару ­къариту. ЩIэблэр зыгъэгуп­сысэн, мамырыгъэмрэ зэгу­рыIуэмрэ нэхъыфI зэрыщы­мыIэм уезышалIэ лIыгъэщIыгъэ щапхъэхэр абыхэм къых­рагъэхын щхьэкIэщ мыпхуэдэ зекIуэхэр щIызэхэтшэри. Къуршытхым хиубыдэ лъагапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыгъэувыныр хабзэ дахэу нэгъабэ къыхалъхьауэ щытащ. Мып­хуэдэ жэрдэмым IуэхугъуитI зэ­репх: щIалэгъуалэм адэжь лъахэр нэхъыфIу зрагъэцIыху, абы къыдэкIуэуи тхыдэм нэ­Iуасэ зыхуащI. ЦIыхур дунейм къыщIытехьэр ар къигъэщIу текIыжын къудей щхьэкIэкъым, атIэ лъэужь дахэ къигъэнэнырщ, иужькIэ къэхъуну щIэблэм гъащIэмкIэ гъуазэ яхуэхъунырщ. Мы бгылъэхэм къихьам апхуэдэ гуращэ зимыIэ куэд яхэтауэ къыщIэ­кIынкъыми, ахэр тщIэныр ди хьэкъщ», - жиIащ къулыкъущIэм.
«Ди лъахэм ит бгыхэр ­къуршылъэ къызэрыкIуэкъым. Абы­хэм пщIэ яхуумыщIу, яхуэфащэ лъытэныгъэр ялъу­мыгъэсу щытмэ, укърадзы­жынущ, узрагъэкIуэлIэнукъым. Ди зекIуэм щэнхабзэ мыхьэнэ иIами, дэ дыхуеящ щIыуэпсыр хъумэным ехьэ­лIауэ Iуэхугъуэ зыбжани зэ­фIэдгъэкIыну - пхъэнкIийхэр зэхуэтхьэсыну, лъагъуэхэр ду­бэжыну, гъуэзапIэхэр зэдгъэ­зэхуэжыну. Ар щIыналъэ ту­ризмэм и зыужьыныгъэм хуэтщI хэлъхьэныгъэщ», - къыпищащ Щхьэгъэпсо Аслъэнбий.
«Альтаир» гупым я унафэщI Мокаев Тенджыз зэрыжиIамкIэ, щIымахуэ зекIуэхэр 2016 гъэ лъандэрэ Хэкум и хъу­ма­кIуэм и махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэщ. Абы къищы­нэмыщIауэ, Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ  къудамэм хэтхэр я гъусэу, ЩхьэунэкIэ зэджэ щхьэ­дэ­хы­пIэмрэ Кавказым и Хъума­кIуэ­хэм я мывэскъарыр зытет ­лъагапIэмрэ нэс дэкIыу кърагъажьэри, я гъуэгухэр лъа­гъуэбэу зэбгрыдгъэкIыфащ, лъагапIэ куэдми нэсын яху­зэ­фIэкIащ. 
- Нэгъабэ Лха бгыщхьэм ­ды­кIэрыхьэри, Хэку зауэш­хуэм хэ­кIуэдахэм я фэеплъ пхъэбгъу щыдгъэувауэ щытащ. Бжьы­хьэми Алмалы бгы­щ­хьэми апхуэдэ жэрдэмкIэ ды­дэкIащ. Мыпхуэдэ зекIуэхэр щIэх-щIэ­хыурэ щIызэхэтшэри ди щIэб­лэр гумащIэу, дахагъэр ямы­хамэу къэхъун, тхы­дэм хуеп­лъэкIрэ я къэкIуэнур зэIузэпэщ ящIын щхьэкIэщ. Сыт хуэдэ щыуагъэри зэгуэр къэ­хъуащ. Абыхэм къыт­ра­мы­гъэ­зэжын щхьэкIэ тхыдэм ­щы­гъуэзэн хуейщ. Ди гуапэщ а Iуэхугъуэм дыхуэщхьэпэмэ, - жиIащ Мокаев Тенджыз. - ЩIэблэм нобэ яхэплъхьэрщ пщэдей къыуитыжынур. Илъэс 81-рэ ирокъу Хэку зауэшхуэр зэриухрэ икIи махуэ къэс нэхъ мащIэ мэхъу абы хэта ди ­зауэлIхэр, ар зылъэ­гъуахэр, езы зауаем и бэ­лыхьлажьэхэ­ри кIуэ пэтми тхыдэ жыжьэм хелъасэ. Ауэ цIыхур цIыху зыщIыж щапхъэхэм ящыщщ щIэжыр, ар блэкIам хэзы­лъэсэжын къару щыIэкъым, фэеплъыр ихъу­мэху. Къуршытхым хухэтха ­гъуэгур щIа­лэгъуалэм гунэс зэращыхъур, абы фIэфIу къы­зэрыхыхьэр ди гуапэщ. Ялъэгъуар, я нэгу щIэкIар иужькIэ езыхэм жаIэж къудейм къы­щымыувыIэу, а лъагъуэхэр ямыбгынэну, зе­кIуапIэ яхуэ­хъуну дыщогугъ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм мы щIы­пIэхэм зауэ гуащIэ ще­кIуэ­кIащ. Мыпхуэдиз дахагъыр къызэрытхуэнар, мамыру а бгылъэхэр къэткIухьыну ­Iэмал къыдэзыта ди нэхъы­жьыфI­хэм яхуэмыфащэ фIы­щIэ щыIэкъыми, ар тщымы­гъуп­щэныр дэтхэнэ зыми ди хьэкъщ, а хьэкъыр мыпхуэдэ ­жэрдэмхэмкIэ дгъэзэщIэну иужь дитщи, адэкIэ зыгъэ­кIуэтэни мымащIэу къызэрыт­щIэувэнур ди фIэщ мэхъу.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: