Гъуэгухэм автобусыщIэхэр тоувэ

Ди республикэм и къалащхьэм и гъуэгухэм цIыхухэр къыщрашэкIыну трагъэувэнущ «CITYMAX 9», «Вектор NEXT 8.8» автобусыщIэу 44-рэ. Ахэр дыгъуасэ къалэм и автопаркым иритащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

А Iуэхум пэщIэдзэ хуэхъуащ Москва и ВДНХ-м щекIуэкI «Урысей» дунейпсо гъэлъэ­гъуэныгъэ иным Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыхухаха и плIанэпэшхуэм видео­зэпы­щIэныгъэкIэ зэхуэсыр къы­щызэIузыха, УФ-м транспортымкIэ и министр Савельев Виталий и къэпсэлъэныгъэр. ГуфIэгъуэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, транспорт Iэна­тIэхэм я лIыкIуэхэр. 
«Жылагъуэ транспортыр зэпыу имыIэу, тэмэму лажьэмэ, ар къалэм щекIуэкI гъащIэм, Iуэху куэдым я тегъэщIапIэфIщ. Урысей Федерацэм и Президентым, Правительствэм гу­лъы­тэшхуэ хуащI жылагъуэ транспорт IэнатIэм щIыналъэ­хэм зыщегъэужьыным. Абыхэм я унафэхэм япкъ иткIэ, дызэрыт илъэсым къриубыдэу иджыри транспорт мини 7-м щIигъу яIэрыхьэнущ щIыналъэхэм. Ар хуэдэ зырэ ныкъуэкIэ нэхъыбэщ, нэгъабэрейм еплъытмэ», - жиIащ Савельев Виталий, ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум къекIуэлIахэм захуигъазэу. Абы фIыщIэ яхуищIащ транспорт IэнатIэм и лэжьакIуэхэу зи къалэнхэр хьэлэлу зыгъэзащIэхэм. 
Автобусхэр республикэм зы­Iэригъэхьащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым къриубыдэу, ЩIыналъэхэм ­зегъэужьынымкIэ фондым казначейскэ кредит хэхауэ сом ме­луан 400-м нэс къыщищтэри. 
 КъБР-м и Iэтащхьэм автобусхэр паркым щритым жиIащ транспорт IэнатIэм и лэ­жьа­кIуэхэм гулъытэ зэрагъуэтынур. «Дэ делIэлIэнущ фи лэжьыгъэм хуэфэщэн улахуэ зэры­хуэдгъэувыным, социальнэ и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъу дыхъунущ. ЩIыналъэр иджыри хуэныкъуэщ транспорт куэд. Абыи долэжь. Ахэр зыIэрыдгъэхьэмэ, лэжьапIэ IэнатIэ­щIэхэри щыIэнущ. Заужьынущ абыхэм епха IуэхущIапIэхэми», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек и псалъэм. 
 АвтобусыщIэхэр къызэгъэпэщащ кондиционерхэмкIэ, зи узыншагъэм сэкъат иIэ цIыху­хэм хуэщIа дэкIуеипIэхэри тIы­сыпIэхэри иIэщ. ГъуэгупщIэри нэхъ тыншу щыпхуэтынущ абы, шофёрыр умыгъэпIейтейуэ.
«ТранспортыщIэр къэралым и щIыналъэхэм ялъоIэс УФ-м и Президент Путин Владимир абы ехьэлIауэ ищIа унафэ щхьэхуэм ипкъ иткIэ. Ахэр догъэзащIэ, гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным, уэз­дыгъэхэр фIэдзэным, къэувыIэпIэхэр зыхуей хуэгъэзэжыным епха лэжьыгъэхэм ящIыгъуу, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - Автобусхэр къэтщэхун папщIэ къэтщта кредитыр илъэс 15-м тещIыхьащ. Нэхъыщхьэращи, абы процент техьэркъым. Иджыри ди мурадщ ­автобусыщIэу 100 хуэдиз къэтщэхуну. Налшык и автопаркым ­техникэ зэмылIэужьыгъуэу 70 иIэщ. ЦIыхухэр къешэкIынымкIэ Iуэхур къызыхуэтыншэу зэфIэха хъун папщIэ, уней хьэ­ры­чэтыщIэхэри абы къыхэдгъэхьэнкIэ хъунущ. Паркым и транспортым хэдгъэхъуэнущ автобус зэпэщхэмкIэ. Гулъытэ хэха хуэтщIынущ къалащхьэм и Белая Речкэ, Кэнжэ, Александровкэ хьэб­лэхэм». 
АвтобусыщIэхэр республикэм къызэрыIэрыхьамкIэ щIыналъэм и Iэтащхьэм апхуэдэуи фIыщIэ хуищIащ УФ-м ТранспортымкIэ и министерствэм, IэнатIэм щIыпIэхэм зыщегъэужьыным абы ­гулъытэ зэрыщыхуащIым папщIэ. 
ЦIыху 77-рэ зэрыхуэ «CITYMAX 9», цIыху 65-м нэсым тещIыхьа «Вектор NEXT 8.8» автобусхэр куэд дэмыкIыу гъуэгухэм техьэнущ. Абыхэм лэжьэн щIадзэмэ, шэч хэмылъу, цIыхухэр къешэкIыным епха Iуэхухэр ефIэкIуэнущ, гъуэгухэри нэхъ шынагъуэншэ хъу­-нущ.

Поделиться: