ЕсэнтIыгу щызэхуос

Зэзауэ зэхэт бэнэкIэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ ЕсэнтIыгу къалэм щекIуэкIащ. КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, зэпеуэм кърихьэлIащ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэ псоми я спортсменхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм гуп зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. Абы нэмыщI, я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр щаубыдащ Мэкъуауэ Ахъмэт, Аппаев Амир, Мансуров Имран, ЛIыхъурей Темырлан, Уэтэр Алихъан сымэ. Апхуэдэуи ди щIалэхэм къахьащ дыжьын медалитхурэ, домбеякъыу 12-рэ.

Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Сочэ къалэмрэ (илъэс 15 - 17 хъухэр хэту) Чебоксарымрэ (илъэс 12 - 13, 14 - 15 хъухэр) гъатхэпэм щекIуэкIыну зэпеуэхэм.

 

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться:

Читать также: