Хэкужьу дыщэ пхъуантэ

КъухьэпIэ Кавказым и псы нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ Лабэ. Абы и тIуащIэхэу Лабэшхуэрэ Лабэ ЦIыкIурэ зыдэтхэр щIыпIаплъэхэм къызэрагъэунэхурэ куэд щIащ.

ПситIми я Iуфэу а лъэныкъуэмкIэ щыIэхэм, псом хуэмыдэжу Лабэ ЦIыкIу и кIейм, щыпэрыхьэтщ щызэхэзекIуэхэм ягу дыхьэ хьэщIэщхэр, зыгъэпсэхупIэхэр, бдзэжьей ещапIэхэр, дыгъэ зегъэупIэхэр. ПсыхъуитIри я къэжыхьыпIэщ лъакъуэрыгъажэм тесу зызыплъыхьын зыфIэфIхэми. Псы жапIэр къагъэсэбэп кхъуафэ цIыкIухэмкIэ (байдаркэ, каноэ) зыкърезыгъэхьэхын зи щIасэхэми и Iуфэм щикIукI бдзэжьеящэхэми.

Лабэ и псыхъуащхьэхэр (тIури) щIэзыпщытыкIхэм нэгузегъэужьыпIэ хьэлэмэту къалъытэ псыкъелъэу щызрихьэлIэхэм я Iэхэлъахэри. Апхуэдэхэм ящыщ зым, къызэрабжамкIэ, метр 54-рэ и лъагагъщ. 

Дэс жылэхэр

Къэрэшей-Шэрджэсым къухьэпIэмкIэ щыIэ и аранэ лъагапIэхэр и «гущапIэщ» Лабэшхуэ зыфIащам. А щIыналъэм хыхьэу, а псым Пхия (Пхыуа), Дамхурц (Дэмхъурдзэ, Дэмхъурц), Загедан, Рожкао (Рэшукъауэ), Азиатскэ посёлкэхэмрэ Псемен, Курджиновэ (Къурджы), Ершов, Предгорное, Подскальное къуажэхэмрэ Iусщ.

АдэкIэ Лабэшхуэ Краснодар крайм и щIыналъэм ирожэ. Абдежым япэу узыщрихьэлIэр Ахметовская станицэрщ («Ахъмэт и фо изщ» жыхуаIэ бгым деж), Каладжинская (Къэланджэ) станицэр къызэризэринэкIыуи Лабэшхуэ Лабэ ЦIыкIу щыIуощIэри, тIури зы щохъуж. Бгылъэ-мэзылъэм къызэрыIэщIэкIыу, пситIу зэхэлъэдэжа Лабэ тафэм хуэегъэзыхыгъуэу щожэх.

Мостовской станицэм зэрыфIэкIыу, псышхуэр и гъунапкъэщ абдежым зи щIыналъэм щIидзэ Адыгэ Республикэмрэ езы Краснодар краймрэ. Псым и жапIэм дригъуазэмэ, ижьымкIэ Лабинск, Курганинск къалэхэм (зэрызэкIэлъыкIуэу) уащыIущIэнущ. КъинэмыщIауэ, а лъэныкъуэмкIэ Iусщ Зассовская, Темиргоевская, Тенгинская, Новолабинская, Некрасовская станицэхэри.  

Псышхуэм и сэмэгу лъэныкъуэр, урыс къутыр цIыкIухэм къинэмыщIа, я хэщIапIэщ адыгэ жылэхэу Хуэдз, Блашэпсынэ, Куэшхьэблэ, Еджэрыкъуей, Хьэтыкъуей, Пшызэ, Джамбэчый зыхужаIэхэм.

Адыгеймрэ Краснодар краймрэ зэпызыщIэу Лабэ уризэпрыкI хъууэ яухуа лъэмыж нэхъ ин дыдэм километри 4,4-рэ и кIыхьагъщ. 

Лабэ и къуэпс псоми зызытрагуашэ щIыгум километр зэбгъузэнатIэ мин 12-рэ 500-м нэблагъэ къызэщIаубыдэ. Ар, зэрыщыту къатщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым иIыгъым хуэдизщ.

Къуршылъэ-мэзылъэхэм къыщежьэми

Псышхуэм и къэунэхукIэр и нэхъыбэм зрапхыр къуршыжьхэр щIэзыхъумэ мылылъэхэм къащIэж псыхэр арами, и ныджэм псыщIагъыпсхэми уащрихьэлIэнущ.

Кавказ шытхышхуэм ищхъэрэкIэ гъэза и джабэщIхэм кIэрыщIа мыл джейхэм къапыткIу ткIуанэхэр «анэ быдзышэ» зыхуэхъуа Лабэшхуэрэ Лабэ ЦIыкIурэ, къуэ бгъунж цIыкIухэм дэлъадэ-къыдэжыжми, къуршылъэ-мэзылъэ тIуащIэхэм зыкъыщызэщIакъуэри, жьанэ Iузэвхэм километри 130-м нэблагъэкIэ щожэх.

Езы псышхуэм, Лабэшхуэ къыщежьэ къурш лъабжьэ псынащхьэхэм я деж къыщыщIэдзауэ, Псыжь щыхэхуэжым нэсыху километр 347-рэ и кIыхьагъщ.

Лабэшхуэ къыщыщIидзэм и гъунэгъущ а цIэ дыдэр зезыхьэ щхьэдэхыпIэр (метр 2539-рэ и лъагагъщ).

Лабэ ЦIыкIу и къежьапIэр Аищхьэ бгым ищхъэрэкIэ гъэза и «куэщIырщ».

ПсышхуитIу зэхэлъэдэжам ищхъэрэкIэ къыщыхэхуэж и къуэпс нэхъ инхэм ящыщщ Чэм-лъахъэ (Чамлык), Хуэдз, Шэхурэдз (Чохрак), Улэ (Улькэ), Джаджы (Гиага), Псынэху (Псенаф), Хуарзэ (Фарс) псыхэр.

Зэреджэм ехьэлIауэ

ГъэщIэгъуэныр аращи, «Лабэ» цIэр къызытехъукIам ехьэлIауэ еплъыкIэу къагъэлъагъуэм гъуни нэзи иIэкъым.

Ар ирапх ираныбзэм «хужь» мыхьэнэ иIэу нэхъапэхэм хэта «алб» («алъб») псалъэм.

Индоевропеибзэхэм къыщагъэсэбэпу щыта «алб» - «жэн», «ежэхын», «лабэ» - «псы ежэх» жыIэгъуэхэм къытехъукIауэ къалъытэ.

Пасэрей тюркхэм я бзэм «благъуэ» (псысэхэм узыщрихьэлIэ псэущхьэ шынагъуэрщ зи гугъу ищIыр) мыхьэнэ зиIэу хэта «лоп» псалъэм ирагъэщхь.

Таджикхэмрэ персхэмрэ я бзэхэм «псы Iуфэ» мыхьэнэ щиIэу хэт «лаб» («лав») псалъэм хуагъадэ.

Якутхэм псым и къуэпс, и къудамэ, и къежьапIэ мыхьэнэхэр къарыкIыу къагъэсэбэп «лабэ» псалъэм гуэгъу хуащI.

Нэгъуейхэм я деж «псым и къежьапIэ» жыIэгъуэм хуэкIуэу къыщекIуэкI «лапас» псалъэм и благъэу ягъэув.

Абхъазыбзэм «уэх хъупIэ» къыщикIыу къыщыкIуэ «лабэ» псалъэм ирагъэщхь.

Лабэ ЦIыкIу ищхьэхэмкIэ къыщыхэлъадэ къуэпсхэм ящыщ зыр къызыщIэж бгым абазэхэр «Лау (Лоу) и къуэ» мыхьэнэр къикIыу зэреджэ «Лоюб» (Лаупэ/Лаубэ) цIэм пащIэ. АтIэми, Лабэ ЦIыкIу къыщежьэ бгыхэм язым «Лоубэ» цIэр ноби зэрехьэ.

Чувашхэм я бзэм гъуэфылъэ, уэх мыхьэнэхэр щиIэу хэт «лапа» псалъэм трагъахуэ.

Сонэхэм (сванхэм) я бзэм «къыщIэжыпIэ» мыхьэнэр къыщикIыу хэт «лабна» псалъэм хуахь.

Къэрэшей лъахэхутэхэмрэ урысыбзэр нэхъ зи тегъэщIапIэхэмрэ псыцIэр «уэзджынэ» («жьгъыруупс») мыхьэнэм трагъахуэ.

XIX лIэщIыгъуэм псэуа абхъаз лъахэхутэ цIэрыIуэ, урысыдзэми къулыкъу щызыщIа Званбэ Соломон и тхыгъэхэм ящыщ зым къызэрыхэщыжымкIэ, къащхьэщыт къуршыжьхэм адэкIэ щежэх Лабэ псышхуэм абхъазхэм «Ерыхъ» псалъэри хужаIэрт.

Адыгэхэм я деж

КIахэ лъэныкъуэмкIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм мы псы дахащэм ехьэлIауэ жыIэкIэ зыбжанэ ди нобэми къагъэсэбэп. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Лабащхьэ» жыхуаIэу къурш жьанэхэм къуэпс-къуэпсурэ щызэхэлъэдэж Iэхэлъахэм ехьэлIар, «Лабэмэз» – псым и ижьырабгъу Iуфэм Iус Лабинск къалэм къыщыщIэдзауэ ипщэ лъэныкъуэмкIэ километр 80 хуэдизкIэ зыдэзыукъуэдия жыг гуэрэнышхуэм зэреджэр, «Лабэуэх» - Лабэрэ Деикъуэрэ я зэхуаку дэлъ сэтей лъахъшэм и гугъу щащIкIэ къагъэсэбэпыр, «Лабэжь» – псыр къыщиухэм деж зыдэлъадэу, гъэмахуэм и кIэ хъуху щимыгъущыкIыж ныджэжьу Еджэрыкъуей къуажэм и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэм зэреджэр, нэгъуэщIхэри.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: