Теджэнокъуей къуажэ

Повестым щыщщ

Пщыкъан зекIуэ къикIыжащ щIымахуэ пщэдджыжьу. Теджэнокъуей къуажапщэмкIэ зы фочауэ макъ къыщыIуащ, Хуэдз псыхъуэр къигъэпсалъэщ, хьэуа диям ирижэри кIуэдыжащ. Ар къэIуащ уафэгъуагъуэ жыжьэм ещхьу, къуажэдэсхэри мыщхьэусыгъуэншэу къыхэщтыкIащ. ИтIанэ гъуо Хьэнэф-лъашэ уэрамхэр къызэхижыхьащ. И лъакъуэ лъашэмкIэ хэуэу, жэщым къеса уэс Iувым хэнэу, ар кIуэрт икIи и макъ лъэщым къызэрихькIэ гуорт...
Сыт щыгъуи хуэдэу, цIыкIухэр унэхэм къызэрыщIэхат, ауэ нэхъыжьхэр зэрынэщхъейр щалъагъум, куэбжэхэм фIэмыкIыу къызэтеувыIэжащ. Абы къыхэкIыуи, Хьэнэф-лъашэ и закъуэ дыдэу уэрамхэм дэтт, уэрамыпэ къэс а жиIэр щыжиIэу. Абы къыфIэщIащ къуажэдэсхэм я бжэхэр нэхъри быдэу ягъэбыдэу, пщыр къызэрыкIуэжам и хъыбарыр зэхахыну хуэмейуэ.
Абы хэту уэркъхэм я шагъдийхэм уанэхэр тралъхьэри, къуажэ гъунэгъухэм щIэпхъуащ, Пщыкъан унафэ зэрищIам тету, пщыхэр ешхэефэм къраджэну. Лабэшхуэ дэс Талъустэныпщым деж кIуащ уэркъ нэхъыжьу шууищ.
Дыгъэр бгыхэм къакъуэкIыу Хуэдз псыхъуэм къыдэпса нэужь, пщы пщIантIэ хуитышхуэм, бжыхьхэм ядекIуэкIыу мафIащхьэ инхэр къыщызэщIэнащ. ПщылIхэм апхуэдэ мафIэхэм брус псохэр хадзэрт, мафIэр нэхъри уэр хъурт, гъуаплъэ лэгъупышхуэхэм я джабэхэм мафIэ бзий инхэр ебзейрт. ЛIыжь жьакIащхъуэхэм лэгъупхэм ярылъ лыр кIэлъыплъурэ ягъавэрт. А лIыжьхэм пхъэ дзасэ инхэмкIэ лы тыкъырхэр къыхахырти, къамэ маисэхэмкIэ къыгуагъэжурэ, вамэ еплъырт.
Пщым и гъунэгъухэм Iэнэхэр зэтрагъэувэрт, бзылъхугъэхэм хьэкъущыкъумрэ шхын IэфIхэмрэ трагъэувэрт, унэIут бзылъхугъэхэр а Iэнэхэм бгъэдагъэхьэртэкъым, ирагъэIэбыртэкъым. Абыхэм пщIантIэр япхъэнкIырт, пхъэ къахьырт, гуэгуэн щхьэ зэвхэмкIэ псы къыдахырт. Пщыкъани, езым и хьэщIэхэм яхуэдэ къабзэу, абыхэм ящымэхъашэрт: унэIутыр еIэбыну хуиттэкъым шхынми хьэкъущыкъуми. Арат пщыхэм къызэралъытэр.
Беипхъу пщащэхэм Iуэху я куэдт, ешхэ-ефэ джэгум зыхуагъэхьэзырырт, щыгъын нэхъыфIхэр щатIагъэрт, я щхьэцхэр яухуэнырт, дыщэ, дыжьын Iэлъынхэр, Iэпщэхъухэр, бгъэрылъхэр зыкIэралъхьэрт.
Ешхэ-ефэм зыхуигъэхьэзырырт Угъурлы дади. Абы къищэхуа шыкIэ нэхъыфI дыдэхэр и шыкIэпшынэм триукъуэдиери, мэз фо шэху иригъэфэжащ. Апхуэдэкъабзэу хуэсакъыу игъэхьэзыращ шыкIэ пшынэкъури. Абы и ужькIэ джэдыкIэ цIынэ заул ирифащ, и макъыр дахэу Iун папщIэ. Пщэдджыжьышхэу ишхар фо тIэкIурэ бжэнышэ кхъуей тыкъыррэщ. Абы трифыхьыжащ езым фIэкIа нэгъуэщI зыми имыцIыху удзхэм къащIигъэвыкIа псы. Уэрэдгъуом куэд ишх хъунукъым, тыншу бэуэн папщIэ.  Зэи хуэмыдэу, егугъуу Угъурлы зыхуигъэхьэзыращ Пщыкъан хуиуса уэрэдым. А уэрэдыр абы махуэ къэс дыгъэр къыщIэмыкI щIыкIэ къэтэджурэ, иусащ, иусащ гъатхэ псом, гъэмахуэ псом, бжьыхьэ псом. ЛIыжьым къыгурыIуэрт абы и уэрэдым уэрам гъунэгъухэм дэзу цIыхур къызэредэIуэнур. Пщыхьэщхьэм пщIантIэм щызэхуэса цIыхухэм къахыхьащ Пщыкъанрэ абы и гъусэу къэкIуа уэркъхэмрэ. Ахэр зэуэ, зэрымыщIэкIэ, къыдыхьащ. Пщыкъан и шым къепсыхри, и Iэщэхэм даущ ящIу, псынщIэу щIыхьащ хуабжьу гъэщIэрэщIа хьэщIэщым. Дакъикъэ зытIущ нэхъ дэмыкIыу, хабзэм тету, къэсащ Къанокъуэ Талъустэн пщышхуэр. ХьэщIэщ Iэнэм бгъэдэсхэт щIыхь зиIэ лIыжьхэр, ахэр Пщыкъан зэпиплъыхьащ, Угъурлы нэкIэ къилъыхъуэу. Ауэ джэгуакIуэр щыIэтэкъым. Ар Къанокъуэ пщышхуэм и ужькIэ къыдыхьащ, зэрыхъуамкIи, езы Пщыкъани адрей пщыхэри Угъурлы къригъэблэгъакъым, атIэ а псоми кърагъэблэгъар езы джэгуакIуэращ. Хуабжьу егугъуу игъэхьэзыра шыкIэпшынэ цIуужыр иIыгъыу лIыжьыр къызэрыкIуар Пщыкъан езым и текIуэныгъэу къилъытащ. Угъурлы иджы япэ дыдэу пщы бжэщхьэIу ебакъуэрт, къызэрелъэIуа уэрэдыр жиIэну. Куэдрэ ар ираджащ нэгъуэщI пщыхэми, ауэ зэи яхуэкIуакъым. Ауэ мис иджы, и жьыщхьэ, ар къэкIуащ адыгэпщу щыIэ псоми я нэхъ бей, нэхъ лъэщ Пщыкъан и щытхъу игъэIуну…
 ЦIыхухэр нэжэгужэмэ, зэманыр псынщIэу макIуэ. ЩIымахуэ жэщ кIыхьыр зы напIэдэхьеигъуэу блэлъэтащ. Нэху щыщым, тхьэмадэр къэтэджри, пщIэ хуищIу, Угъурлы жриIащ:
 - ЩIыхь зыхуэтщIу, куэд зи нэгу щIэкIауэ куэд зыцIыху Угъурлы, Къанокъуэ пщышхуэр къолъэIу шэхущIэ егъэфа уи шыкIэпшынэ налъэхэм уи Iэпэхэр ялъэбгъэIэсыну, уи уэрэдыщIэр жыпIэну.
Уэрэдусым арэзыуэ и щхьэр ищIащ, щIэс псоми я нэгум уардэу иплъащ, итIанэ тхьэмадэм и нэр триубыдащ. Тхьэмадэм абы къикIыр къыгурыIуащ, икIи унафэ ищIащ пэш псоми джэгур щагъэувыIэну, пщIантIэм дэт, уэрамхэм тет псоми иджыпсту Угъурлы уэрэд зэрыжиIэнумкIэ хъыбар ирагъэщIэну. Гъуо Хьэнэф-лъашэ и тэмакъым щымысхьыжу «Уэуи-уи! Уэуи-уи!» - жиIэри ину гуоуати, бгым уэсутэ къехщ, Хуэдз псым хэуэри гъатхэм нэгъунэ мыл зэфэзэщкIэ IуищIащ.
- Уэуи-уи! - кIийрт Хьэнэф. - ЦIыхухэ, федэIу Угъурлы и уэрэдыщIэм икIи игъащIэкIэ фигу ивубыдэ.
ИхъуреягъкIэ щым щыхъум, лIыжьым и пшынэкъур шыкIэ налъэхэм иришащ, шыкIэпшынэр кIыхьу зэпишу Iуащ, итIанэ Угъурлы уэрэдыр къыхидзащ. Абы уэрэдыр мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ къыщIидзащ:
 - Мы уэрэдыр сэ Пщыкъан хуэзусащ, абы и цIэр адыгэ лъэпкъым зэи щымыгъупщэжын, Хуэдз псыр мывэ хъууэ, псыхъуэдэлъ мывэхэр псы хъууэ ежьэжыхукIэ, абы нэхьэлат ирахын папщIэ!
Губжь ин зыхэлъ и уэрэд кIыхьыр Угъурлы мыпхуэдэ псалъэкIэ иухащ:
- Яаллыхь, сэ уэ сынолъэIу, Теджэнокъуэхэ я лъэпкъыр къызытехъукIауэ жаIэу ягъэIу дыгъэмрэ мазэмрэ кIэщIу бгъэункIыфIыну!
ИужькIэ псори щым хъуащ. Япэ дыдэу къэпсэлъари джэгуакIуэращ. Абы Пщыкъан зыхуигъэзащ:
- Уэ укъызэлъэIуат Хуэдз псыр мывэ хъууэ, псыхъуэм мывэу дэлъыр псы хъууэ ежэхыху уи цIэр ящымыгъупщэн папщIэ уэрэд пхуэзусынуи, пхуэзусащ. Си псалъэ сепцIыжакъым. Уэ уи цIэр, Пщыкъан, цIыхухэм зэи ящыгъупщэжынкъым. Абыхэм уэ ену нэхьэлат къуахынущ!
- Угъурлы, сэ зэи себэкъуэнкъым ижь лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ хабзэм, сыту жыпIэмэ итIанэ адыгэ псоми я Iэщэр кърахынущ. Ауэ уэ зы Iуэхугъуэ цIыкIу пщыгъупщащ - уэ къоIусэ щымыхъунур уэрэд щыжыпIэм дежщ. Уеблэмэ, уи уэрэдыр згъэщIагъуэу сыкъыхэгуоукIыу узгъэгъуащэ, узэпызуд хъунукъым. Ауэ уэ уэрэд жыIэн бухащи, иджы си IэмыщIэм уилъщ. Къамболэт, пхы ар. Ешхэ-ефэр зэфIэкIмэ, сэ абы укIыкIэ хьэлэч къыхуэзгупсысынщ, а укIыкIэр зылъагъу бгыхэр тхъунщи, ткIууэ щIадзэнщ, си лъэпкъыр къызытехъукIа дыгъэм и бзийхэм уэсыр зэрагъэткIум хуэдэу!
ХьэщIэхэр зэбгридзу, Къамболэт лIыжьым жьэхэпкIащ, уэрэдгъуом къыщхьэщыжынуи зыми таучэл ищIакъым. Ауэ Угъурлы зэуэ щIэгуфIыкIри, и шыкIэпшынэр аргуэру къэпсэлъащ, езым уэрэд къридзащ. Къамболэт Iэнкуну къэувыIащ, лIыжьым уэрэд жеIэ: «Фефэ, фыджэгу, сэ уэрэд жысIэурэ сыдэкIыжынщ, сэ си къарури си Iэщэри уэрэдырщ. Сэ уэрэд жысIэнущ, си псэр пытыху. Сэ уэрэд щыжысIэнущ къуажэ псоми - зым сыдэкIмэ, адрейм сыдыхьэурэ. Сэ сахуэусэнущ цIыху къызэрыгуэкIхэм, - нартыху телъыджэ къэзыгъэкIхэм, Iэщ зыгъэхъухэм, унэхэр зыщIхэм, икIи ахэр сэ къыхуезджэнущ пщыуэ, уэркъыу щыIэ псоми ебэнынхэу».
Угъурлы къуажэ уэрамым ирикIуэрт, и унэм хуэкIуэжу, Пщыкъан и блыгущIэтхэр, я Iэщэр гъэпкIауэ, абы и ужь кIэщIу итт. Абыхэм ящIэрт джэгуакIуэр зэгуэр зэрешынур, гува-щIэхами и уэрэдыр зэрызэпигъэунур. ИтIанэ абыхэм пщым и унафэр ягъэзэщIэнут.

УЭХЪУТЭ Абдулыхь.
Поделиться:

Читать также: