УФ-м и Президент Путин Владимир мазаем и пэм «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и лэжьыгъэр зытещIыхьахэм зригъэубгъуащ. Иджы абы хузэфIэкIынущ езым и ахъшэкIэ иджырей мардэхэм тету къыдагъэкI протезхэмкIэ СВО-м хэтахэр къызэригъэпэщыну. Нэхъ ипэкIэ и къалэну щытар а Iуэхум тещIыхьауэ Урысейм и Социальнэ фондым щыхьэт зэрытехъуэ электрон тхылъыр къыщыдахынымкIэ щIэгъэгъуэн яхуэхъунырт.
Къэбгъэлъагъуэмэ, узыншагъэр зэрырагъэфIакIуэ техникэ хьэпшыпхэмрэ протезхэмрэ пщIэншэу къаIэрыхьэнымкIэ фондым мы зэманым зыщIигъэкъуащ дзэ Iуэху хэхам хэта цIыху мин 1,8-м.
- IуэхущIапIэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ ди зауэлIхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтынымкIэ за- щIэгъэкъуэныр. Дэ дыхущIокъу, хуэныкъуэхэм медицинэ Iэмэпсымэхэр ялъэгъэIэсыным и мызакъуэу, ахэр къызэрагъэсэбэпынуми хуэIэрыхуэ хъунымкIэ защIэдгъэкъуэну. Апхуэдэу дадолажьэ медицинэ, къэхутакIуэ, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм. Урысейм Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэм и ЦIыхубэ медицинэ къэхутэныгъэ центрым ди зауэлIхэм я узыншагъэм зэпымыууэ щыкIэлъоплъ - протезыр щыхуагъэхьэзырым къыщыщIэдзауэ ар къагъэсэбэпыфу егъэсэным щыщIэкIыжу, - жеIэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фон- дым и унафэщI Цивилевэ Аннэ.
Абы къыхигъэщащ Донбассымрэ Новороссиемрэ зэрыщагъэбелджылар СВО-м хэтауэ ныкъуэдыкъуагъ зыгъуэтахэр спортымрэ физическэ щэнхабзэмрэ зэрыхэтыфыну IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэща зэрыхъунур. Псалъэм папщIэ, 2024 гъэм и япэ мазищым апхуэдэ протезхэр хуагъэхьэзырынущ цIыху 60-м.
Мы зэманым IуэхущIапIэм координатор мини 3,5-рэ щолажьэ. Абыхэм яхэтщ хэкум и хъумакIуэу хэкIуэдахэм я унагъуэхэм щыщ цIыхуи 100-м щIигъурэ дзэ Iуэху хэхамрэ нэгъуэщI зауэхэмрэ я ветерану 300-м нэблагъэрэ. Фондым лэжьэн зэрыщIидзэрэ къаIэрыхьащ СВО-м хэтахэмрэ абыхэм я Iыхьлыхэмрэ къабгъэдэкIыу зэрызыхуагъазэ тхыгъэ мин 740-м нэс. Абы щыщу Iуэхугъуэ мин 630-р зэхагъэкIащ, къэнахэм адэкIи йолэжь. «Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо фондым зэгурыIуэныгъэ 40-м щIигъу ярищIы-лIащ IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэмрэ медицинэ, мылъку къэлэжьыным зи лэжьыгъэр темыухуа нэгъуэщI IэнатIэхэмрэ.
- Дзэ Iуэху хэхам хэтахэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпыкъуным теухуа куэд зэфIэдгъэкIащ. Абы щыгъуэми щыIэщ хабзэм зэхъуэкIыныгъэ хыумылъхьауэ, къэралым и правительствэмрэ министерствэ щхьэхуэхэмрэ я дэIэпыкъуныгъэ хэмылъу дызэмыбэкъуэфыну лъэпощхьэпохэри. Псалъэм папщIэ, УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм мы зэманым дедгъэкIуэкI лэжьыгъэр зытеухуар ди лIыхъужьхэм я узыншагъэр къегъэпщытэныр къэралым и щIыналъэ псоми къызэрыщызэрагъэпэщынырщ - дзэ Iуэху хэхам къыхэкIыжа и ужькIэ, гъэ къэс илъэсищым къриубыдэу зыкIэлъыгъэплъыжыныр къэлъытауэ, - дыщIегъу фондым и унафэщIым.
Апхуэдэуи Цивилевэм къыхегъэщ псапэ Iуэхухэр къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэхэм фондыр зэрадэлажьэм и фIыгъэкIэ, лIыхъужьхэм зыкъызэрыхуагъазэ Iуэхугъуэ нэхъыбэкIэ зэрызыщIагъэкъуэфыр. «Псалъэм и хьэтыркIэ, ветеранхэр я унэ къэкIуэжа нэужь, я дзэхэр Iурагъэлъхьэным ихьыну ахъшэм щыпэмылъэщ куэдрэ къохъу. Дэ дыхьэзырщ апхуэдэ IуэхукIэ зыкъытхуагъазэми, псапэ фондхэм щызэхуахьэс ахъшэхэм щыщ абы хухедгъэхыну», - пещэ цIыхубзым.
Абы зэрыжиIамкIэ, къэкIуэну зэманым фондым и мурадщ ветеранхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ дэIэпыкъуныгъэхэмрэ арэзы къищIрэ-къимыщIрэ къипщытэну.
Цивилевэм къызэрыхигъэщамкIэ, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондыр мы зэманым йолэжь дзэ Iуэху хэхам хэту зи Iэпкълъэпкъым сэкъат игъуэтахэм я псэупIэхэм нэхъ тыншу зэрыщызекIуэн, зыхуей щыхуэзэн хуэдэу къызэрызэрагъэпэщынуми. Псалъэм папщIэ, пщэфIапIэм щIэтыпхъэхэр къызэрагъэсэбэпыфынум тещIыхьауэ хуащI, зытхьэщIыпIэхэр, стIолхэр я лъагагъ-лъахъшагъкIэ узэрыхуейм хуэдэу тебухуэу хуагъэув, «умный дом» IэмалымкIэ къызэрагъэпэщ. Япэу апхуэдэ пэшхэр зыхуей щыхуагъэзар Москва областырщ.
«Иджыпсту фондым егъэхьэзыр къыщыгугъхэм зэрадэIэпыкъуну Iэмалхэм нэхъри зэрызригъэубгъуну щIыкIэр», - къыхегъэщ Цивилевэм.
БАГЪЭТЫР Луизэ.