Иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщауэИужьрей илъэсхэм республикэм и «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» IэнатIэм и машинэхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу зэрахъуэкIащ. Апхуэдэ автомобилыщIэхэр яIэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм щылажьэ район сымаджэщхэм икIи къуажэ псори зэщIагъэхьэф. Машинэхэр щIыналъэм къыIэрыхьэн щIидзащ 2016 гъэм щегъэжьауэ, Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къэрал автопромыр дэIыгъынымкIэ къыхилъхьа программэм ипкъ иткIэ. «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и автопаркыр процент 70-кIэ къагъэщIэрэщIэжащ, иджыпсту махуэ къэс лажьэу абы яIэщ машини 176-рэ. Ахэр иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщауэ, сымаджэр япэу зыхуэныкъуэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр щагъуэтыну автомобилхэщ, щытыкIэ хьэлъэм итхэм хуэщIа реанимобилхэщ.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
|