Iуэхур судым нэмыс щIыкIэГазыр къэзыгъэсэбэпхэм яхуэутIыпщыным пыщIауэ «Газпром»-м Налшык къалэм щиIэ IуэхущIапIэм и пресс-IэнатIэм къызэритамкIэ, унагъуэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ Iуэхутхьэбзэу хуащIам къыпэкIуэн хуея ахъшэр нэсу къызэрамытам къыхэкIыу щIыналъэм и судхэм 2923 гъэм тхылъ 36838-рэ яхуигъэхьащ, абыхэм ехьэлIа унафэ къригъэщтэн мурадкIэ. ЩIыхуэу абыхэм яхузэтрихьар сом меларди 2-рэ мелуан 804-рэ хъурт. Хъыбар зэрыщыIэмкIэ, судхэр арэзы техъуащ «Газпром»-м и щIыхуэу сом меларди 2-рэ мелуани 198-рэ зытелъхэм ятыжын зэрыхуейм икIи абы теухуа унафэ къащтащ. Абы ипкъ иткIэ, унагъуэхэм сом мелуан 449-рэ, IуэхущIапIэ зыгъэлажьэхэм сом мелуан 963-рэ япшыныжащ.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 17:09 →
Хэт и дамэр нэхъ кIыхь?
08.05.2024 - 16:06 →
Зауэм и бынхэм гулъытэ хуащIу
08.05.2024 - 14:02 →
Радиом и махуэм теухуа телечэщанэ джэгу
08.05.2024 - 13:00 →
Зи пIалъэр икIахэр къуащэнукъым
08.05.2024 - 12:38 →
ЛIыгъэ зыхэлът
|