Я гуфIэгъуэр даIэтуИнгуш Республикэм и Конституцэмрэ Лъэпкъ зэхуэсымрэ (Парламентымрэ) илъэс 30 щрикъу махуэр ягъэлъапIэу иджыблагъэ Назрань къалэм щызэхашащ самбэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы кърихьэлIащ Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округхэм, Донецк Лъэпкъ республикэм я спортсмени 160-м щIигъу, илъэс 13 – 14 ныбжьхэм иту. Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм медалитху къратащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Къумыкъу Ренат (кг 35-рэ), Ташу Рэмэзан (кг 38-рэ), Къудей Беслъэн (кг 50), Дэжыг Кемран (кг 59-рэ).
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
16.05.2024 - 17:30 →
Гулъытэр зиIэ ныбжьыщIэхэр
16.05.2024 - 15:24 →
Европэр насыпыншагъэм къезыгъэла щIалищ
16.05.2024 - 12:16 →
ТекIуэныгъэ Иным теухуа концертхэр
|