ЛIэужьыгъуэхэрУрыс театрыр XIX лIэщIыгъуэм
XIX лIэщIыгъуэм Урысейм и цIыхухэм нэхъыбэу зэрызытрагъэууэ щытар театрщ. Абы щыгъуэ къэрал театру тху щыIэу арат: Александринскэ, Мариинскэ, Михайловскэ (Санкт–Петербург), Театр Ин, Театр ЦIыкIу («Малый», «Большой») (Москва). Александринскэ театрыр 1832 гъэм яухуащ. Абы япэ дыдэу щагъэувауэ щытащ Гоголь Николай и «Ревизор», Грибоедов Александр и «Горе от ума», Островский Александр и «Гроза» пьесэхэр. Театрым и цIэр пащтыхь Николай I и щхьэгъусэм и щIыхькIэ фIащащ. Архитекторыр Росси Карлщ. Михайловскэ театрыр 1833 гъэм Николай I и унафэкIэ яухуауэ щытащ. Архитекторыр Брюллов Александрщ. 1859 гъэм театрым и теплъэм елэжьыжащ Кавос Альберт. Абы спектаклхэр щекIуэкI утыкур нэхъ ин ищIащ, пэшми нэхъыбэ щIэхуэ хъуащ. 1920 гъэм Михайловскэм гушыIэ оперэмкIэ къэрал академие театр фIащащ. Мариинскэ театрыр 1860 гъэм къызэIуахахщ. Ар Санкт - Петербург и Театр утым щаухуащ, архитекторыр Кавос Альбертщ. XIX лIэщIыгъуэм и кIэухым архитектор Шретер Виктор театрым репетицэхэр щекIуэкI пэшхэр хищIыхьащ, бжэщхьэIухэм я щIыкIэмрэ къызыхэщIыкIахэмри ихъуэжащ, пырхъуэр нэхъ ин ищIащ. Мариинскэ театрым и теплъэ хъуар абы екIуалIэхэм гурыхь ящыхъуат: блынхэр зэрыщхъуафэр, скульптурэхэр къызэрегъэувэкIар, шэху уэздыгъэхэм, люстрэхэм я теплъэр. Мариинскэ театрыр хагъэхьащ щэнхабзэ щIэину къалъытэ ухуэныгъэхэм я къэрал реестрым. Театрышхуэр 1825 гъэм, театр ЦIыкIур 1842 гъэм къызэIуахащ. АктёрхэрXIX лIэщIыгъуэм театр утыкум щыджэгурт актёр ахъырзэманхэр. Ягъэлъагъуэу щытахэрXIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм оперэу, балету, спектаклу нэхъыбэу ягъэувыр европей тхыгъэхэм къытращIыкIахэрт. Хуэм-хуэмурэ урыс тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр ягъэув хъуащ. Озеров Владислав, Пушкин Александр, Гоголь Николай, Лермонтов Михаил, Грибоедов Александр, Толстой Алексей, Салтыков-Щедрин Михаил сымэ, нэгъуэщIхэми урыс театрым и утыкур яубыдащ. Псом нэхъ лъэщу театр утыкум къихьащ Островский Николай. Абы и тхыгъэхэмкIэ спектаклхэр зэпымыууэ щагъэувырт Москва Театр ЦIыкIум, Санкт-Петербург Александринскэ театрым. XIX лIэщIыгъуэм уней театр куэдым, апхуэдэуи, МХТ-м щагъэув хъуащ Чехов Антон и пьесэхэр. Театр хабзэхэрXIX лIэщIыгъуэм театреплъхэм ятеухуауэ хабзэхэр щыIэт. Театрым кIуэ бзылъхугъэхэмрэ цIыхухъухэмрэ зэрызахуапэм щхьэхуэныгъэ иIэт. ЗагъэщIэращIэрт, ауэ бал щыгъыныр къезэгъыртэкъым. ПыIэ, шляпэхэр щхьэратIагъэртэкъым. Театреплъхэр зэрыщысми мыхьэнэ иратырт. Япэрауэ, къулыкъукIэ зэхэгъэщхьэхукIат, етIуанэу, щIэх-щIэхыурэ театрым кIуэхэмрэ зэзэмызэ фIэкIа ягъэлъагъуэхэм зрезымыгъэхьэлIэхэмрэ щхьэж я тIысыпIэхэр зэпэщхьэхуэт. XIX лIэщIыгъуэм ику пщIондэ бзылъхугъэм цIыхухъу щIымыгъуу театрым кIуэ хъуртэкъым. Егъэлеяуэ емыкIут укъыкIэрыхуауэ пэшым ущIыхьэну. Театреплъхэм ящыщу Iэгу еуэну хуитыр цIыхухъухэрт. Спектаклыр щекIуэкI пэшым псыи шхыни пIыгъыу ущIагъэхьэртэкъым. Антрактым дежи бзылъхугъэхэр я пIэм исын хуейт. ЗэхъуэкIыныгъэхэрУрысейм театр критикэ къызэрыщыунэхуар епхащ Белинскэм и цIэм. Театрым теухуа гупсысэхэм зыщахъуэжкIэ, утыку итыкIэм, ягъэлъэгъуэну къыхаххэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми щIэщыгъуэ гуэрхэр халъхьэрт. Театреплъхэри сыт щыгъуи пэплъэрт щIэ, нэхъапэкIэ зэмыплъа, я гукъыдэжым зезыгъэIэтын е зыгъэгупсысэн. 80 гъэхэм урыс театрым зэхъуэкIыныгъэхэр къыщыхъуащ. Островский Александр Москва щыIэ пащтыхь театрхэм щагъэувынухэр гъэбелджылынымкIэ унафэщI хъуащ. Актёрхэм теухуауэ щыIа мардэхэр (инагъ-цIыкIуагъыр, макъыр, напэпкъым и зэхэлъыкIэр, Iэпкълъэпкъым и лантIагъэр) Iуахыжащ. IэщIыб ящIащ бенифисхэри. Москва, Санкт-Петербург, нэгъуэщI къалэхэм театр унейхэр къыщыунэхуащ. Островскэм театрым хилъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм я ужькIи, абы щагъэлъэгъуэнухэм теухуауэ щыIа къэрал цензурэр къэнэжащ. 1898 гъэм абы пэщIэувэну и ужь ихьауэ щытащ Москва Театр ЦIыкIум и режиссёр Ленский Александр. Абы пащтыхь театрыщIэ къызэIуихауэ, пьесэщIэхэм щыджэгурт щIалэгъуалэ труппэхэр. ЩIалэгъуалэр зэрыхъукIэ къэрал цензурэм къытекIырт.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 13:04 →
Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр
14.04.2024 - 10:54 →
Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа
10.04.2024 - 12:00 →
ЕгъэджакIуэр ящыгъупщэркъым
31.03.2024 - 09:22 →
Зыужьыныгъэм и лъагъуэм ирокIуэ
17.03.2024 - 11:10 →
Илъэс 40 гъуэгуанэ
|