Усэбзэ дахэ зыIурылъ

         Газетхэмрэ журналхэмрэ щIэх-щIэхыурэ зи IэдакъэщIэкIхэр къытехуэ усакIуэ Нэгъуей Радимэ и тхылъиплI дунейм къытехьащ. «Уэс Iэпэхъ», «Лъэмыж хъыринэ» жыхуиIэхэм ихуащ балигъ усэхэр, и пхъурылъху цIыкIухэм я цIэхэр зыфIища «Данэ», «Дыщэнэ» тхылъхэм, зэрыгурыIуэгъуэщи, сабийхэм яхуэгъэзахэращ щызэхуэхьэсар. Радимэ тотхыхь и нэм илъагъухэм, и псэм зыхищIэхэм, къэзыухъуреихь дунейм игу къигъэкIхэм, абыхэм езыр зэрыхущытым, лъагъуныгъэм, гущIэгъум, анэдэлъхубзэм, нэгъуэщIхэми. Дэтхэнэри гъэхуауэ, усэбзэ дахэкIэ тхащ, гум дохьэ, псэм йохуэбылIэ.

Радимэ и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр егъэзащIэ и щIалэ нэхъыщIэ Нэгъуей Анзор. Ар зи зэфIэкIыр цIыхухэм къащIа уэрэджыIакIуэ хъарзынэщ, Музыкэ театрым щолажьэ, абы и хорым хэтщ.

Къыхэбгъэщмэ, Радимэрэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Зеущэ Iэуесрэ иджыпсту яужь итщ альбом ирагъэтхыным. Нэгъуейм и IэдакъэщIэкI уэрэду пщыкIутху Iэуес жиIэу тетынущ абы.

Анэдэлъхубзэм и нобэм, и къэкIуэнум зэригъэгузавэм къыхэкIыу, Радимэ игъэхьэзырри дунейм къытригъэхьащ адыгэбзэ хьэрфылъэ. Ахэр лIэужьыгъуищ мэхъу: блыным фIадзэ плакату, карточкэхэу, хьэрф къэс зы альбом напэм тету папкэм дэлъу кърахьэкI хъууэ. АдыгэбзэкIэ еджэкIэ, тхэкIэ зэзыгъэщIэну хуейхэм я дежкIэ ахэр сэбэпышхуэщ.

Прозэми хэлъхьэныгъэ мымащIэ хуещI Радимэ. Абы и «Хуэрэджэ нэкIуплъ» Iуэтэжыр урысыбзэкIэ зэридзэкIащ усакIуэ Къармэ Iэсият икIи «Дерево» и фIэщыгъэу «Литературная Кабардино-Балкария» журналым къытехуащ. Апхуэдэуи Нэгъуейм итхащ сабий садхэм папщIэ пьесэ цIыкIу зыбжанэ, ахэр ягъэуващ, зэхьэзэхуэ екIуэкIри нэхъыфIхэри къыхахауэ щытащ.

Зи къалэмыр жан, зи усэбзэр дахэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Нэгъуей Радимэ и IэдакъэщIэкI усэхэм ящыщ зыбжанэм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.

ИСТЭПАН Залинэ.   

 

Усэхэр                                                                   НЭГЪУЕЙ Радимэ

 

       Кавказ

Уи бгы лъагэжьхэм

Къащхьэщыт пшэплъым

Псэр ягъэгуфIэ,

ЯгъэпIейтей.

Сыкъыщалъхуащи,

Кавказ, уи лъахэм,

Уи теплъэ уардэм

СещIыр къулей.

ЗащызмыгъэнщIу

Соплъыр ди бгыжьхэм,

Дахагъэу слъагъур –

Гум хошыпсыхь.

Уи теплъэ гуакIуэм

Хьэщыкъ ищIащи,

Хэт уимылъагъуми,

Щохъур гурыхь.

Дэнэ сыкIуами,

Си гум уилъынущ,

Анэ гущапIэу

ФIыгъуэр зи куэщI.

Дэнэ сыкIуами,

Къэзгъэзэжынущ,

Си лъахэ дахэу

Къару мыкIуэщI.

 

       Анэшхуэ жьэгу

Ди унащхьэм уэшхыр къыщопIэнкI...

Нанэ сигу къокIыжыр жьэгум дэсу,

ПщIэнкъым слъагъур нобэ дыдэу фIэкI:

Мис, унагъуэр, псори дызэхэсу.

 

Нанэ жыгей мафIэр зэщIегъэст,

Хьэкум трегъэувэ шыуан цIыкIур,

Нартыху хужьыр псоми къытлъегъэс,

Ар дэ догъэлъалъэ ди гур хэхъуэу.

 

Шыуан цIыкIур, мис, къызэщIэплъащ,

Дгъэлъэлъа нартыхур абы хедзэ...

Нанэ пыгуфIыкIыу къытхэплъащ:

Ди нартыхум, мис, пIэнкIын къыщIедзэ.

 

... Нанэ и пхъуантэшхуэр къызэтрех,

Таурыхъ тхылъ Iувышхуэхэр зыдэлъыр,

«Нартхэр» телъэщIыхьурэ къыдех,

УедэIуэнумэ хъыбар, – къеблагъэ!

 

Ди нэгу щIэтщ ди нарт лIыхъужьхэр, мис:

Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, Ашэмэз...

Щэхуу дэ додаIуэри дыщысщ, –

Нарт хъыбархэр дэ ди жьэгум дэзщ.

 

Благъуэ жьабгъуэм хэт текIуами,

МафIэр хэт къихьыжыфами,

Хэт иныжьыр къигъэпцIами,

Хэт нэхъ Iущу къыщIэкIами...

 

... Ди бзэм и IэфIагъыр тфIэгунэсщ,

ДощIэ хабзи, къытхилъхьащ нэмыс...

Нанэ пыгуфIыкIыу жьэгум дэсщ,

Сабиигъуэ куэщIым сэри сисщ.

 

               *   *   *

ЦIыхум я гум Iейуэ илъыр,

ЗэщIэскъуэнти, хым хэздзэнт.

Пэжыр хъуаскIэурэ згуэшынти,

ЦIыхухэм я псэм сэ хэслъхьэнт.

ХъуаскIэр лыду зэщIэнэнти,

Я псэр нуру зэщIэблэнт.

Фыгъуэ-ижэр бзэхыжынти,

Дуней псор нэхъ нэху къэхъунт.

Я гум фыгъуэр имылъыжмэ,

Сытым щхьэкIэ ныкъуэкъуэнт?

Лъагъуныгъэм гъуэгу ищIыжмэ,

Дуней псор зэщIэгъэгъэнт.

 

                     Бжьыхьэ дыгъэпс

Бжьыхьэ дыгъэпсыр си гум къодэхащIэ,

ЩIэрыщIэу сыкъалъхуауэ къысщохъуж.

Тхьэмпэ гъуэжьхэр сфIощI къызэIущащэу,

Сыхашэ си щIалэгъуэ-гукъэкIыж.

Жьыбгъэ мащIэм ныщIеупскIэ гущIэр,

Хъыринэ ещIэ сфIощI си Iэпкълъэпкъ псор.

ЛъащIэншэу куущи къэуша гурыщIэр,

Жыг тхьэмпэ цIыкIухэр макъкIэ къыздожьу.

 

                *   *   *

Жьыбгъэм гущIэгъуншэу пегъэщэщыр пщIащэр,

ЩIылъэм къытехуахэр псэншэу мэзэгъэж.

Къыпынащ зы пщIащи, жыгыр мэIущащэ:

«Хъунум, сыкъэбгъанэу, уэри уемыжьэж».

 

Жьыбгъэри, етауэ, пщIащэм йоныкъуэкъур,

Iэлу егъэсысыр – быдэу къыщIэкIащ.

Ауэ жьыбгъэ бзаджэм питхьэлыкIри и къур,

ЩIылъэм щыщ ищIыжу, жыгым пигъэкIащ.

 

Жыгым, зипхъэхауэ, зэуэ мэхъу нэщхъей,

Хъару узэпхоплъыр, пщIащи щымыхъей.

 

            Уэс Iэпэхъ

Налкъутналмэсу уэгум илъыр

Хьэуам джэрэзу кърехьэх.

ЗэтепщIыпщIыкIыу уагъэ джылъыр,

Сэ къызещIэкIыр уэс Iэпэхъ.

Щхьэц тIэрэзами къытесащи,

Щыгъэ нэрынэу зэролъэлъ.

Нэбжьыцхэр кхъуакIэу къищIыхьащи,

НитIым щIагъапщкIуэ си гухэлъ.

Си нэкIущхьитIыр дыхьэрэну

СэхусэплъкIэ щабэу кърелыкI.

ХулъэкIкъым Iупэм лъэIэсыну,

Iу бахъэ пщтырым ар фIолIыкI.

 

            *   *   *

Ухэтат си гъащIэм,

Къысхуэпхьу гукъыдэж.

Ухэтат си гъащIэм,

КъысщыпщIу гъащIэр пэж.

Лъэс лъагъуэр схуэбгъэнэхути,

Хуабагъэ псэм лъыбгъэст.

Ухэтт си гъащIэм нэхуу,

ФIы куэд уи деж щызгъуэтт.

Зэман-кхъухьлъатэ псынщIэм

ГурыщIэхэр здихьащ.

ГукъэкIыж кIэншэм

Си псэр игъэдиящ.

ЗэщIиIулIащ гупсысэр,

Сэрауэ зызмыцIыхуж.

Къысхуэгъэзэж, гурыщIэ,

Мы си псэр къэгъэвыж.

 

                 *   *   *

Соджэразэ жэщым и IэплIэм,

Закъуэныгъэм псэр егъэгыз.

Iупхъуэ пIащIэм мазэ къыпхыплъыр

Фагъуэщ, игу къысщIоуз.

 

                 *   *   *

Си гум и макъамэм къыдежьу,

Жьым иумыгъэхьыж ди гухэлъ псалъэр.

Удз гъэгъами, пщIэркъэ, иIэщ пIалъэ,

ЛъапэпцIийуэ си псэм зынеший.

 

Си гухэлъым лыгъэ щIыбогъанэ...

Си гум телъ къыпфIэщIрэ афэ джанэ?

 

                 *   *   *

Зэгуэр ди гъатхэм къигъэзэжынщи,

И бзийхэр гуапэу Iупхъуэм къыпхыжынщ.

Си пэши сигури къигъэушыжынщи,

Ди дыгъэр уэгуми къытхуиувэжынщ.

 

Къигъэнэхуэнщи гум щызгъэпщкIуа щэхухэр,

ЗэщIэлыдэжу нэгум щIигъэкIынщ.

Е гугъэхэр щытщIа мазэгъуэ жэщым

Сришэжынщи, си нэр игъэплъэнщ.

 

Шыхулъагъуэ нэхум сытришэнщи,

Вагъуэбэ уафэм сыкъыщыхутэнщ.

Лъэмыж хъыринэм сытригъэхьэнщи,

Псым и даущ макъым сригъэдэIунщ.

 

Макъ убзэрабзэу гъатхэм и пшыналъэм

Си зы макъами хэзухуэнэнщ.

 

                *   *   *

Арати, бжьыхьэр ежьэжащ,

Тхьэмпэ дыщафэмкIэ Iэ къищIу.

Кърухэми, кIапсэу, зашэщIащ,

Яжьафэ уафэм тхыпхъэ щащIу.

 

                 *   *   *

Уи гъащIэм гурыфIыгъуэ хэмылъыжмэ,

Абы гъащIэ щIыфIэпщыжыр сыт?

Гум къеIущащэ цIыху уэ уимыIэжмэ,

Абы гъащIэкIэ ущIеджэр сыт?

 

Пшэплъ дахащэр нэм къыIуимыдзэжмэ,

Абы гъащIэ щIыфIэпщыжыр сыт?

Мо бзэрабзэ бзум гур пэмыджэжмэ,

Абы гъащIэкIэ ущIеджэр сыт?

 

 

Поделиться:

Читать также: