Жыг хадэщIэхэм къахохъуэКавказ Ищхъэрэм статистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, уней IуэхущIэхэм, фермерхэм, я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм псоми зэхэту пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу нэгъабэ кърахьэлIэжащ тонн мин 785,9-рэ икIи ар процент 19,5-кIэ нэхъыбэщ 2022 гъэм елъытауэ. Зы гектарым хуэзэу пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу нэгъабэ къытрахам и куэдагъми проценти 8,8-кIэ хэхъуащ икIи ар ику иту центнер 354,6-м нызэрыхьэсащ. Ар фIыгъэр пхъэщхьэмыщхьэхэр япэу къэзыт жыгыщIэхэм я бжыгъэм къызэрыхэхъуэрщ. Илъэс куэдкIэ къызыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм, мэракIуэ лIэужьыгъуэхэм дызэрыт илъэсым и пэщIэдзэм ирихьэлIэу республикэм щаIыгъащ гектар мин 26,4-рэ, абы щыщу гектар мин 23-р къалъос пхъэщхьэмыщхьэхэр зэман кIэщIым къатын щIэзыдзэ, зэхуакушхуэ ямыIэурэ иджыпсту къагъэкI жыгхэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ пыухыкIахэр щрагъэкIуэкI зэрыхасэрэ илъэс 20-м щIигъуа, жьы хъуа жыгхэр къыхэчыжыным, ахэр здыхэта щIыпIэхэр гъэкъэбзэжауэ иджырей Iэмалхэр къагъэсэбэпу щIэхэр абыхэм щыхэсэжыным ехьэлIауэ.
Поделиться:
Читать также:
09.05.2024 - 13:09 →
ЦIыхубэр зэрыпагэ, зэрыгушхуэ
09.05.2024 - 12:07 →
Путин Владимир и къулыкъум пэрохьэ
08.05.2024 - 13:00 →
Зи пIалъэр икIахэр къуащэнукъым
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
|