КаратэмкIэ зэпоуэ

Ставрополь крайм киокусинкаймкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ а щIыналъэм и къалащхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Хэгъэрейхэм ягъусэу абы щызэпеуащ Астрахань областым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Дагъыстэным я спортсмену 200-м нэблагъэ.

Ди республикэм и щIыхьыр яхъумэу абы щызэуащ каратист ныбжьыщIэу 11 икIи, абыхэм ящыщу, я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Таттаевэ Аминэ (кг 40), Биткаш Ашшур (кг 40), Хомченкэ Валерэ (кг 45-рэ), Шыд Ислъам (кг 60) сымэ.

Дыжьын медалхэр къыхуагъэфэщащ Мусэ Имран (кг 40), Хьэмыкъуэ Астемыр (кг 55-рэ), Конторин Роман (кг 50) сымэ. Ещанэ увыпIэр къихьащ Къэзанш Арсен (кг 40).

Командэм и тренерхэр Биткашхэ Давидрэ Емельянрэщ.

                            АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.

 

Поделиться:

Читать также: