НэхъыфIипщIым дыхохьэУрысейм Къэрал статистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр яхыхьащ псэупIэу яухуэм и куэдагъымкIэ УФ-м зи Iуэху щынэхъыфIу къалъытэ щIыналъипщIым. Иджыпсту щыIэ бжыгъэхэр процент 57-кIэ нэхъыбэщ, илъэс кIуам и апхуэдэ зэманым ирихьэлIэу щыIахэм елъытауэ икIи абы сом мелуан 572,4-рэ хуэзащ. Урысейм ухуэныгъэ IэнатIэм щылажьэхэм я зэфIэкIым щIышылэм ику иту зэрыщыхэхъуар проценти 10,9-рэщ, е сом мелард 731,9-рэщ. Экономикэм нэхъ зезыгъэужьхэм, хэхъуэ къэзытхэм, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэзыгъэпэщхэм, абыхэм я псэукIэр езыгъэфIакIуэхэм яхохьэ ухуэныгъэр. Урысей Федерацэм и Правительствэм зэпымыууэ зыщIегъакъуэ а IэнатIэм - субсидиехэмкIэ, худэчых зыхэлъ налогхэмкIэ, инвестицэхэмкIэ, нэгъуэщIхэмкIи. Гугъэ щыIэщ ухуэныгъэ IэнатIэм иужьрей илъэсхэм игъуэта зыужьыныгъэм 2024 гъэми адэкIэ къыпащэну, щIагъэхуэбжьэну, абы экономикэм хэлъхьэныгъэфI хуищIыну.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|