Илъэсым и япэ мазэм

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ мазэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш продукцэу къыщыщIагъэкIам и куэдагъым я уасэр, нобэкIэ щIыналъэм къыщекIуэкIым тещIыхьауэ, сом мелард 1,9-рэ хъуащ, е проценти 103,0-кIэ нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым щыIам хуэкIуэу.

Дызэрыт илъэсым и япэ мазэм Iэщрэ джэдкъазу ягъэшхам я хьэлъагъыр (псэууэ шэчауэ) тонн мини 6,9-рэ хъуащ, ар процент 0,9-кIэ нэхъыбэщ 2023 гъэм и щIышылэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. Гъэшу къашащ тонн мин 30,4-рэ, е нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым проценти 105-кIэ хуокIуэ. ДжэдыкIэу кърахащ мелуан 12,9-рэ, икIи а бжыгъэр нэгъабэ и щIышылэ мазэм щыIам хуэдизу къэнэжащ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: