Жыджэру Iэ яIэтУрысей Федерацэм и Президент хэхыныгъэхэр ирагъэкIуэкIын папщIэ, гъатхэпэм и I5-м Тэрч районым хэхыпIэу 25-рэ къыщызэIуахащ. Ахэр зыхуей IэмэпсымэхэмкIэ псори къызэрагъэпэщащ, IэIэтыр тыншу, шынагъуэншэу зэрекIуэкIыну Iэмалхэри абыхэм къыщалъытащ. Сыхьэт бжыгъэр 08:00 зэрыхъуу, хэхыпIэхэм япэ хэхакIуэхэр екIуэлIэн щIадзащ. Абыхэм яхэту Iэ иIэтащ Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Хъущт Аслъэнбии. «Урысейм и къэкIуэну дахэм папщIэ нобэ Iэ доIэт! ЦIыхухэр къыхузоджэ я Iуэху еплъыкIэхэр Iэмал имыIэу хэхыныгъэхэм къыщагъэлъэгъуэну», - жиIащ абы. ЦIыхухэр жыджэру йокIуалIэ Дей къуажэм къыщызэрагъэпэща хэхыпIэм. Iэ яIэтын папщIэ, емызэшу ахэр чэзум зэрыхэтым къегъэлъагъуэ фIыуэ къазэрыгурыIуэр УФ-м и Президентыр хэпхыну илъэсихым зэ фIэкIа Iэмал зэрамыIэр икIи нэхъыфIыр хахыным зэрыхуэпабгъэр. Хэхыныгъэхэм и япэ махуэм «Тэрч налмэс» заводым и лэжьакIуэ 250-м нэблагъэ Iэ яIэтыну автобусхэмкIэ хэхыпIэхэм яшащ. КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
Поделиться:
Читать также:
09.05.2024 - 12:07 →
Путин Владимир и къулыкъум пэрохьэ
08.05.2024 - 17:09 →
Хэт и дамэр нэхъ кIыхь?
08.05.2024 - 16:06 →
Зауэм и бынхэм гулъытэ хуащIу
08.05.2024 - 14:02 →
Радиом и махуэм теухуа телечэщанэ джэгу
08.05.2024 - 13:00 →
Зи пIалъэр икIахэр къуащэнукъым
|