ЩIыналъэр хэхыныгъэхэм хэтщДзэлыкъуэ щIыналъэм мы махуэхэм щолажьэ хэхыпIэ 25-рэ. ЦIыхухэр куэду йокIуалIэ Iэ щаIэт щIыпIэхэм, гукъыдэж яIэщ щхьэж фIыкIэ зыщыгугъ кандидатым къыдэщIыну. ЩIыналъэ администрацэм и унафэщI Джатэ Руслан Iэ щиIэтащ 65-нэ хэхыпIэм. - Урысейм и Президентыр хэхыныр къэралым и къэкIуэнум ди еплъыкIэ хэтлъхьэну къыдэзыт Iэмалщ. Дэ къыхыдох Урысей лъэщыр, къэкIуэну дахэр! - жиIащ абы. ХэхыпIэм къекIуалIэхэм я гукъыдэжыр къаIэтын папщIэ Iэ щаIэт щIыпIэ 65-нэм кърагъэблэгъащ уэрэджыIакIуэхэмрэ къафакIуэхэмрэ. ЦIыхухэм я хэхыныгъэ къалэнхэр зэфIагъэкIа нэужь, концерт дахэм йоплъ. Дзэлыкъуэ щIыналъэм гулъытэ щыхуащIащ Iэ щаIэт щIыпIэхэм екIуэлIэну Iэмал зимыIэхэми. Абы папщIэ къызэгъэпэщакIуэхэм хъыбар ирагъэщIэн хуейуэ аращ, я унэм щIэсу къэралым и Президентым и хэхыныгъэхэм хэтыну зэрыхуеймкIэ. Дзэлыкъуэкъуажэ дэс, дзэ Iуэху хэхахэм хэт Мэлей Артур хэхыныгъэхэм хэтащ и унэм щIэсу. Сэрмакъ къуажэм щыпсэу Хьэшкул Марием и унэми еблэгъащ хэхакIуэ комиссэм хэтхэр. Iэ ирагъэIэтащ гъатхэпэм и 18-м зи ныбжьыр илъэси 100 ирикъуну нэхъыжьым. Къармэхьэбэ къуажэм и нэхъыжьыфIхэу Гувэжыкъуэ Сэфарбийрэ Къармэ Алийрэ хэхыныгъэхэм езыхэр екIуалIэмэ нэхъ къащтащ. Абыхэм Iэ щаIэтащ хэхыпIэ №62-м – курыт еджапIэ №2-м. А школым и еджакIуэ цIыкIухэм хэхыныгъэхэм екIуалIэхэм папщIэ къафэрэ уэрэду зэхэт концерт ягъэлъэгъуащ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|