Щэнхабзэ центрхэр Iуэхум хэтщНалшык къэрал концерт гъэлъэгъуапlэм щылажьэ lэ щаlэт щlыпlэм къэралым и Президентыр щыхахыну гупыж ящlащ КъБР-м щыlэ лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм я лlыкlуэхэм. - Щэнхабзэмкlэ Вэрокъуэ Владимир и цlэр зезыхьэ фондым хохьэ лъэпкъ – щэнхабзэ центр 12-рэ жылагъуэ зэгухьэныгъэу 6-рэ. Абыхэм я лlыкlуэхэр дэ къедгъэблэгъащ Къэрал концерт гъэлъэгъуапlэм хэхыныгъэхэм щыхэтыну. Ди къэкlуэнумрэ ди щlэблэм яlэну псэукlэмрэ тещlыхьауэ, ди еплъыкlэ къыдогъэлъагъуэ. Сэ нобэ lэ соlэт Щэнхабзэмкlэ фондым и унафэщlуи, Урысей Федерацэм и цlыху щхьэхуэуи. Урысей лъэщыр щыlащ, щыlэщ, щыlэнущ! Къэбэрдей-Балъкъэрыр и щапхъэщ а лъэщагъыр лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм зыкъомкlэ зэрелъытам! – жиlащ фондым и унафэщl Мэкъуауэ Луазэ. Тырку – месхитинецхэм я лъэпкъ щэнхабзэ центрым и унафэщl Пашалиев Ильяз жиlащ lуэхущlапlэм и лэжьакlуэ псори зэрыlыгъыу хэхыныгъэхэм зэрыхэтыр, лъэпкъ куэд зыщыпсэу Урысей зэкъуэтым папщlэ lэ зэраlэтыр. - Тырку – месхитинецхэр лъэныкъуэкlэ къаплъэркъым, къэралым и пащхьэ lуэхугъуэшхуэхэр къыщиувэм деж, атlэ жыджэру хэтщ абыхэм. Республикэм щыпсэу тырку-месхитинецхэр Прохладнэ, Май, Тэрч, Аруан щlыналъэхэм щыlэщ. Къыдгуроlуэ ди еплъыкlэ къэдгъэлъэгъуэн зэрыхуейр, дэтхэнэми къэкlуэнур зэрыдэлъытар, - къыхигъэщащ абы.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|