Хэхыныгъэхэр мы дакъикъэм ирихьэлIэуТэрч районым хыхьэ Къаншыуей (Курп Ищхъэрэ) къуажэми мы дакъикъэхэм УФ-м и президент хэхыныгъэхэр жыджэру щокlуэкl. Щэнхабзэмкlэ унэм къыщызэlуаха хэхыпlэ 268-нэм махуэ ещанэ хъуауэ цlыхухэр нэжэгужэу йокlуалlэ, къэралым и къэкlуэныр зыунэтlынум папщlэ lэ яlэтыну. Жылэдэсым папщlэ пшыхь дахи зэхашащ щэнхабзэм и лэжьакlуэхэм. Къуажэм, щlыналъэм, ди хэкушхуэм теухуа уэрэдхэр ягъэзащlэ Унэжхэ Артуррэ Светланэрэ, Кхъуэхъужь Тимур, щlалэщlэ цlыкlу Хъалил Имран сымэ. Къуажэдэсым адыгэ джэгуи хузэхашэри, я нэгу зрагъэужь. Iэ щаlэт щlыпlэм и хэхакlуэ комиссэм и унафэщl Щомахуэ Олег къызэрыджиlамкlэ, жылэдэсым фlыуэ къагуроlуэ я пщэдейр езыхэм зэрелъытар икlи жыджэру хэхыпlэм нэхъыжьхэри щlалэгъуалэри къызэрыкlуэнум хущlокъу. Къуажэм и хэхакlуэхэр цlыху 873-рэ мэхъу. Мы хэхыпlэм и комиссэр цlыхуихыу зэхэтщ: Щомахуэ Олег гупым и унафэщlщ, абы и къуэдзэщ Хъурсин Анзор, секретарыр Хъурсин Фатlимэщ, апхуэдэуи комиссэм хэтхэщ Унэж Артур, Ахъсор Заремэ, Кlэмпlарэ Марьянэ сымэ. Ахэр зыхузэфlэмыкlхэм я унэхэми екlуалlэурэ lэ трагъэгъэдзащ. Япэ махуэм цlыху 49-м я деж щыlащ, етlуанэм - 61-м.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
27.04.2024 - 11:00 →
Сом мелуанитхум щIигъу
26.04.2024 - 15:42 →
Фэеплъ жыг хадэхэр ягъэтIысынущ
|