ЯмыгъэтIысу илъэси 3 тралъхьащ

Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм экономикэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ «Нальчикмежтранс» IуэхущIапIэм и унафэщI Кандоров О.М. илэжь щIэпхъаджагъэр. 
ЗэраубзыхуамкIэ абы зыкIэщIиупщIащ Налшык къалэ автовокзалым и щIыналъэм щыIэ сату щIыпIэхэр бэджэнду къэзыщта щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэм кърата ахъшэр. 
Налшык къалэм и Судым и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ, Кандоров О.М. къуаншэу къалъытащ УФ-м и УК-м и 160-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр зэрилэжьамкIэ икIи ямыгъэтIысу (условнэу) илъэси 3 тралъхьащ. 
Поделиться: