Дэтхэнэми хэплъэнущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и прокурор Хабаров Николайрэ Налшык гарнизоным и дзэ прокурор Васильцов Александррэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэр дэIыгъынымкIэ «Хэкум и ХъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэм и IуэхущIапIэу республикэм и щыхьэрым щыIэм 2024 гъэм гъатхэпэм и 13-м щрагъэблэгъащ дзэ Iуэху хэхам хэтахэр, военнэ къулыкъум къыхагъэкIыжахэр, СВО-м хэтхэм я унагъуэхэм щыщхэр. 
  Абыхэм зыкъыхуагъэзат упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ икIи республикэм и прокурорым къекIуэлIахэм ягуригъэIуащ яIэ хуитыныгъэхэр зыхуэдэр. Апхуэдэуи къаIихащ лъэIу тхылъхэр икIи абыхэм хэплъэну КъБР-м и прокуратурэм и унафэщIхэм пщэрылъ ящищIащ.
Поделиться: