МакъамэкIэ дунейр зыгъэдэха

ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, япэ макъамэхэм нэгъуэщI макъ гуэрхэр - Iэгуауэ е лъэ макъ хуэдэхэр - щIагъэувэу щытащ.

Макъамэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр куэдкIэ нэхъ иужькIэщ дунейм къыщытехьар. Псалъэм папщIэ, нэхъ пасэ дыдэхэм хабжэ макъамэ шабзэр. КъызэралъытэмкIэ, кIапсэ шэщIа (гъущIхэкIхэм, хьэкIэкхъуэкIэхэм я кIэтIийхэм, нэгъуэщIхэми къыхащIыкIыу щытахэр) зэрылъ япэ макъамэ Iэмэпсымэр Африкэ Ипщэм къыщыунэхуауэ щытащ - цIыхухэр щакIуэ здэщыIэм гу лъатащ шабзэр щагъэлъатэкIэ кIапсэм макъ дахэ къызэригъэхъум, ар макъамэ зэхэлъхьэным къыщыбгъэсэбэп зэрыхъунум.

Ди зэманымкIэ дыкъэIэбэжми, пэжу цIыхум сыт къимыгъэщIми, ар щIыуэпсым епхащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и макъамэ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Къардэн Хьэсэн, псалъэм папщIэ, и адэ Екъуб гъукIэ Iэзэу щытащ. Адэм и кIыщым зэман куэд абы щигъакIуэрт, уадэмрэ гъущIхэмрэ я зэщIэжьыуэр, мафIэ жьэгум къыдих хъуаскIэхэр фIэхьэлэмэту… Хэт ищIэрэ, ахэр арагъэнщ лъабжьэ хуэхъуар Хьэсэн макъамэм гу хуищIыным. Е и анэ Лъостэ деж къыщежьауэ пIэрэ - абы пшынэр IэкIуэу игъэбзэрабзэу щытащ.

Къардэн Хьэсэн хуэдэу, къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэм лъэужь дахэ къыхэзынэ, зи дуней тетыкIэ-лэжьэкIэр щапхъэ хъу цIыхухэр ди куэдкъым.

Япэ адыгэ оперэ «Мадинэр» (Балэ Мухьэдин и гъусэу), япэ адыгэ кантатэхэр зытхар Къардэн Хьэсэнщ. Макъамэм къыхуигъэщIа цIыхум и псэр, и дуней зэхэщIыкIыр итххэм купщIэ яхуэхъурт. Абы ехьэлIауэ гупсысэ щIэщыгъуэхэмкIэ гъэнщIащ ар зэлэжьа уэрэдхэр, романсхэр. ГъэщIэгъуэнракъэ, сыт хуэдэ псалъэм нэхъри нэхъ IупщIу, куууэ зыхыбощIэ мы композиторым и макъамэхэр. «Анэм и Iэхэр», «Ленэ дахэкIей» уэрэдхэр зыфIэмыфIрэ зымыщIэрэ щыIэкъым…

Хьэсэн и IэдакъэщIэкIхэм увыпIэ щхьэхуэ щаубыдащ Хэку зауэшхуэм теухуа балладэхэм. Кавказым щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэми Украинэр, Белоруссиер, Польшэр, Чехославакиер хуит къэщIыжынми и псэ емыблэжу хэтащ ар. «Мир нужен всем» симфоние поэмэр, «На Марухском перевале» балладэр, «Гимнастерка», «Мне снится ночами дорога», «Помни, солдат» уэрэдхэр - псори Къардэным зытриухуар зауэ гъуэгуанэрщ, лъэпкъым и лIыхъужьыгъэрщ.

- Композитор Iэзэ къыпхэкIын щхьэкIэ а IэщIагъэм хэпщIыкIын къудейр мащIэщ, сыт щыгъуи уи къэухьым хэбгъахъуэу, макъамэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм я щэхухэр къыпхузэIухыу щытын хуейщ. Абыхэм хуэIэижьт Хьэсэн, - жеIэ профессор, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и проректор Ащхъуэт Беслъэн. - АбыкIэ сэбэп къыхуэхъуащ ОперэмкIэ Театр ЦIыкIу цIэрыIуэм (иджы Балетымрэ оперэмкIэ Мусоргский М. П. и цIэр зезыхьэ театрщ) ар зэрыщылэжьар. Абы и спектаклхэм хэтат, дунейпсо оперэмрэ балет макъамэмрэ куууэ зыщигъэгъуэзат. Ленинград къэрал консерваторэр къиуха иужь, япэ илъэсхэм Хьэсэн нэхъыбэу зэлэжьар уэрэдырщ. А уэрэдхэр цIэрыIуэ хъуати, цIыхубэ уэрэдыжьхэм щыхагъэгъуащи къэхъурт - аракъэ щэнхабзэм и лъагапIэ хъужри! Симфоние лэжьыгъэхэм Къардэным зыщритар 60 гъэхэрщ. ИлъэсипщIым къриубыдэу абы итха симфоние макъамэхэр лъапIэщ дэркIэ. АдыгэлIым нэхъ хуэфащэ хьэлхэр: цIыхур и щхьэ зэрырилъыт, зэрыхьэлэл, зэрыщабэр Хьэсэн къебэкIырт… Ар дахэу, «хамэ Iуэху» жыхуаIэ бгъэдыхьэкIэр и гущхьи къэмыкIыу, чэнджэщкIэ хэти сэбэп хуэхъурт. Хьэсэн удэуэршэру ущыса къудейми, абы уи Iэпкълъэпкъыр зыгъэжан гуэр къыпхилъхьэрт. Езыр цIыху дахэт, гъэщIэгъуэнт.

Къардэным и фIыщIэ хэлъщ балъкъэрхэм я щэнхабзэр, гъуазджэр къэIэта зэрыхъуами. 1960 гъэм композиторым зэхилъхьащ «Балкарские напевы» симфоние фантазиер, «Горские ритмы» оркестрым папщIэ сюитэр, «Тегерек тепсеу» къафэр. Мы Iуэхум къегъэлъагъуэ Хьэсэн жэуаплыныгъэрэ гулъытэрэ зыхэлъ цIыхухэм зэращыщыр. Абы и сыт хуэдэ лэжьыгъэри игурэ и псэрэ къыбгъэдэкIащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: