Нартыху жылапхъэхэм я фIагъыр

«Россельхознадзор»-м Кавказ Ищхъэрэм щиIэ управленэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым жылапхъэу нэгъуэщI щIыналъэхэм яхуригъашэм хигъахъуэ зэпытщ. 
Псалъэм къыдэкIуэу, 2024 гъэм и щIышылэ - мазаехэм къриубыдэу Къэзахъстанымрэ Белоруссиемрэ нартыху жылапхъэу тонн 800-м щIигъу яхуиутIыпщащ. Ар процент 25-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. Абы нэмыщI, апхуэдэ жылапхъэу тонних республикэм и гъавэгъэкIхэм Ермэлым япэу мы гъэм ирагъэшащ.
Республикэм къэралым и щIыналъэхэм ярищэ и жылапхъэхэм я куэдагъми къыхэхъуэ зэпытщ. Зэпалъытыж лъэхъэнэм къриубыдэу абыхэм яхуригъэшащ тонн 1787-рэ, нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым ар зэрыхъуар тонн 1645-щ – мы зэманым ирихьэлIэу проценти 8,6-кIэ хэхъуащ. 
Урысейм Мэкъумэш IэнатIэм щыкIэлъыплъынымкIэ и къулыкъущIапIэм и IэщIагъэлIхэм жылапхъэхэр, нэгъуэщI щIыпIэхэм ирагъэшэн ипэ къихуэу, къапщытэ абыхэм я фIагъыр зыхуэдэр икIи абыхэм дагъуэ гуэр иIэу къыщIэкIмэ, ахэр щIыналъэм ирашу хуадэркъым: абыхэм ехьэлIауэ къэралым щыщыIэ мардэхэм жылапхъэхэр къитIасэу щытын хуейщ.
Урысейми хамэ хэкухэми я экспортерхэм къызэралъытэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылапхъэхэр я фIагъкIэ, гъавэу къатым и куэдагъымкIэ, псом хуэмыдэу нартыхур, къэралым щынэхъыфIищым яхохьэ икIи хамэ къэралхэм яйхэм хэпщIыкIыу йофIэкI. 
 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: