ЗыгъэпсэхуакIуэхэм ядэлэжьэнухэр ягъэхьэзыр«Туризмэмрэ хьэщIагъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ дахэхэм щыгъуазэ зыщIу дунеяплъэхэр, зыгъэпсэхуакIуэхэр къезышэкI экскурсоводхэмрэ тэрмэшхэмрэ, псори зэхэту цIыху 50-м, я IэнатIэм зэрыхуэфащэм ехьэлIа къэпщытэныгъэхэр дызэрыт илъэсым ирагъэкIуэкIынущ. Апхуэдэ къэпщытэныгъэхэм пхыкIахэм абы щыхьэт техъуэ тхылъхэр, бгъэхэIу дамыгъэхэр, экскурсоводхэмрэ тэрмэшхэмрэ зыуэ щыт я къэрал реестрым зэрыратхамкIэ тхылъыр дэщIыгъуу иратынущ. Дэфтэрхэм я пIалъэр илъэситхущ. ИужькIэ ахэр аргуэру къэпщытэныгъэхэм хэтын хуейщ, я лэжьыгъэм адэкIэ пащэн мурад яIэмэ. Ди республикэм къакIуэ дунеяплъэхэмрэ зыгъэпсэхуакIуэхэмрэ ядэлэжьэну хуит зыщI дэфтэрхэр нобэкIэ зиIэр цIыху 79-рэ мэхъу. Экскурсоводхэмрэ тэрмэшхэмрэ зыхагъэт къэпщытэныгъэхэр IыхьитIу гуэшащ. Япэ Iыхьэм абыхэм къапэщылъщ ябгъэдэлъ щIэныгъэр зыхуэдэр тестхэмкIэ къагъэлъэгъуэну. Псори зэхэту ахэр упщIэ 30 мэхъу, я жэуапхэми зыхуагъэхьэзырыну сыхьэтитI хухах. Экзаменхэм щIамыдзэ щIыкIэ, абыхэм зыщагъэгъуазэ хъуну апхуэдэ Iэмалхэри щыIэщ. ЕтIуанэ Iыхьэм экскурсоводхэмрэ тэрмэшхэмрэ республикам и щIыпIэ дахэхэм ящыщу 10-м экскурсие щрагъэкIуэкIын хуейуэ къапэщылъщ. Экзаменхэм папщIэ къэпщытакIуэ гуп щхьэхуэу къызэрагъэпэщащ, экскурсие щрагъэкIуэкIыну щIыпIэхэри абыхэм къыхах. «Туризмэмрэ хьэщIагъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм и къалэн нэхъыщхьэу щытыр 2030 гъэм ирихьэлIэу Урысейм и щIыпIэ дахэхэр зэзыгъэлъагъуну къэрал кIуэцIым къыщызыкIухь ди цIыхухэм я бжыгъэм къыхэгъэхъуэнырщ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|