Пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэм къахохъуэКъэбэрдей-Балъкъэрым и пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр процент 40-кIэ нэхъыбэ ищIащ иужьрей илъэситхум къриубыдэу икIи нобэкIэ абыхэм зэуэ щIэхуэнущ тонн мин 298,5-рэ, щыжаIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.
Иджырей зэманым къигъэув къалэнхэр гъэзэщIэным хуэщIа пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр ухуэныр республикэм и мэкъумэш-промышленнэ комплексым щынэхъыщхьэхэм ящыщщ. Ар къызыхэкIыр пхьэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу республикэм къыщрахьэлIэм, абыхэм къыщIэупщIэхэм я бжыгъэм илъэс къэс къызэрыхэхъуэрщ.
Псалъэм къыдэкIуэу, пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу псори зэхэту кърахьэлIэу щытам хуэди 2,2-кIэ хагъэхъуащ иужьрей илъэситхум. 2023 гъэм республикэм и мэкъумэш, уней IуэхущIапIэхэм, фермерхэм, я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм зэхэту тонн мин 785,9-рэ кърахьэлIэжащ, япэм зэи къамыхъуауэ. 2022 гъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ ар процент 19,5-кIэ нэхъыбэщ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 14:38 →
Тэрчдэсхэр щогуфIыкI
04.05.2024 - 13:34 →
Гъуэгу махуэ тет мафIэгур
04.05.2024 - 11:18 →
Ди хъугъуэфIыгъуэхэм щIохъуэпс
04.05.2024 - 10:01 →
Гъунэгъу республикэм и махуэшхуэ
03.05.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ телъыджэу 40
|