Республикэм и унафэщI КIуэкIуэ Казбек иужь махуэхэм зэIущIэ зыбжанэ иригъэкIуэкIащ:
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм хэтхэмрэ зэхуэзэри, IэIэтым кърикIуахэр къапщытэжащ.
КIуэкIуэм жиIащ Урысейм и президент хэхыныгъэхэр ди республикэм зыхуей хуэзэу зэрыщекIуэкIар. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэр жыджэру къыдэкIащ, абыкIэ дэ къэралым щынэхъ жан хэгъэгуищым дахэхуащ. Iэ яIэтащ цIыху мелуан ныкъуэм щIигъум, ар процент 95,80-рэ мэхъу. Абыхэм ящыщу процент 94,21-м Путин Владимир къыхахащ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэм.
Iэтащхьэм фIыщIэ яхуищIащ ХэхакIуэ комиссэм хэтхэм, щIыпIэхэм щылэжьа комиссэхэм щыщхэм, УФ-м и Президентыр хэхыныр къызэзыгъэпэща псоми.
* * *
ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Апхуэдэуи илъэс блэкIам ящIахэр щызэхуэхьэса дэфтэрыр и пащхьэ ирилъхьащ.
Уполномоченнэм и нэIэр сытым дежи зытетыр цIыхухэм социальнэ, псэупIэ коммунальнэ, IэнатIэ, пенсэ Iуэхухэм теухуауэ къалъыкъуэкI гугъуехьхэр гъэзэкIуэжынырщ, сымаджэхэр медицинэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ хущхъуэкIэ къызэгъэпэщыным теухуа хабзэхэр къызэпаудмэ, жэуапым зэхэгъэкIынырщ.
КIуэкIуэмрэ Зумакуловымрэ къытеувыIащ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэным.
КъБР-м Iэтащхьэм Уполномоченнэм фIыщIэ хуищIащ жылагъуэ къалэн куэд зэрызэфIигъэкIым, къэрал къулыкъущIапIэхэми хабзэхъумэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми зэрадэлажьэм папщIэ.
* * *
Урысейм и Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъущlапlэм и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыlэм и унафэщl Къумахуэ Аннэ Кlуэкlуэ Казбек хуэзащ.
Ахэр тепсэлъыхьащ блэкlа илъэсым lуэхущlапlэм зэфlигъэкlахэмрэ 2024 гъэм зи ужь итынухэмрэ. Апхуэдэуи адэкlэ зэрызэдэлэжьэнур яубзыхуащ.
ЩIыналъэ антимонопольнэ къулыкъущlапlэм щIэгъэхуэбжьауэ къепщытэ IуэхущIапIэхэм, властым и органхэм, нэгъуэщI цIыхухэм я зэхуаку дэлъ зэныкъуэкъур (конкуренцэр) антимонопольнэ законодательствэм къызэризагъэр. КъыщIагъэщащ икIи къызэтрагъэувыIащ рекламэ IэнатIэм ехьэлIахэр. Щыуагъэ къыхэмыкIыным кIэлъоплъ къэрал социальнэ проектхэр щагъэзащIэкIэ, зэрыщахуэм.
* * *
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Урысейреестрым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI Соблыр Беслъэнрэ тепсэлъыхьащ «Национальная система пространственных данных» къэрал программэр щIыналъэм зэрыщагъэзащIэм. Ар хохьэ Урысейм и Президент Путин Владимир пщэрылъ ящищIахэм, программэр къащтащ УФ-м и Правительствэм и унафэкIэ.
ЩIыналъэ къудамэр апхуэдэу иужь итщ щIым ехьэлIа къэрал хабзэхэр къызэпызыудхэр къыщIэгъэщыным. Абы папщIэ IэнатIэм къегъэсэбэп ипэжыпIэ дыдэр къэзыгъэлъагъуэ иджырей геодезие Iэмэпсымэхэмрэ езыр-езыру къэзылъэтыхь аппаратхэмрэ.
Бжыгъэрылъанэ Iэмалхэр къызэрагъэсэбэпым ипкъ иткIэ, Урысейреестрым цIыхухэм яхуищIэ къэрал Iуэхутхьэбзэхэр ефIэкIуащ: лъэIу тхылъыр щIэлъхьэныр нэхъ тынш ящIащ, кадастр учетым гъэувынымрэ бгъэIэпхъуэ мыхъу мылъкур тхынымкIэ ягъэув пIалъэхэр фIыуэ нэхъ мащIэ хъуащ.
* * *
2023 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуам, республикэ бюджетыр убзыхунымрэ гъэзэщIэнымкIэ щыIэ елъыкIэхэм, адэкIэ я къалэнхэм зыщигъэгъэгъуазэу КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек епсэлъащ республикэм Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм и унафэщI КIасэ Динэ.
Иужьрей илъэситхум республикэм и экономикэ зыужьыныгъэм къыпэкIуахэм тепщIыхьмэ, къэралыр зэрыт щытыкIэ хьэлъэм емылъытауэ, щIыналъэ бюджетым и убзыхунми, и гъэзэщIэнми хъарзынэу йохъулIэ.
КъБР-м Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэр закон 28-м я проектхэр гъэхьэзырыным, аналитикэ дэфтэрхэм хэплъэным, бюджет мылъкур зэгъэкIуэкIынымкIэ нэхъыщхьэхэм къапщытэжахэм кIэлъыплъыным, нэгъуэщIхэми теухуауэ ирагъэкIуэкIа Iуэхухэм хэтащ. Ведомствэр къэрал къулыкъущIапIэ псоми жыджэру ядолажьэ, абы ипкъ иткIи бюджет къэрал унафэр къызэпыудынымкIэ шынагъуэ щыIэкъым.
* * *
Ди республикэм мазэ зыбжанэ хъуауэ щолажьэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэралпсо фондым и къудамэр. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек фондым и лэжьыгъэм щыгъуазэ зыхуищIын мурадкIэ дыгъуасэ хуэзащ IэнатIэм и унафэщI Дадэ МуIэед.
Псом япэрауэ, республикэм и пашэм Дадэм фIыщIэ хуищIащ езыри и нэIэм щIэту лэжьа ХэхыныгъэхэмкIэ щIыналъэ штабым щыщхэри президент хэхыныгъэхэм жыджэру зэрыхэтам папщIэ. Штабыр жэщ-махуэ имыIэу лэжьащ хэхыныгъэхэм зыщыхуагъэхьэзыр лъэхъэнэми, хэхакIуэхэхэм Iэ яIэтынымкIэ Iэмал псори къыхузэрагъэпэщу.
«Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и лэжьыгъэм тепсэлъыхьащ зэхуэзахэр. Гулъытэ хуащIащ дзэм хэт ди зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ фондыр зэрадэлажьэ щIыкIэхэм.
КIуэкIуэ Казбекрэ Дадэ МуIэедрэ апхуэдэу тепсэлъыхьащ СВО-м уIэгъэ щыхъуу зи узыншагъэм сэкъат игъуэта ветеранхэм я псэупIэ унэхэр абыхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм елъытауэ зэпэщ зэращIым. А унэтIыныгъэмкIэ ди щIыналъэм щызэтеубла хъуа Iуэху зехьэкIэр къэралым щынэхъыфIхэм халъытащ.
* * *
КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м и хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэ АфэщIыж Юрэ. Псалъэмакъыр тещIыхьауэ щытащ хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ нэхъри зегъэужьыным.
АфэщIыжым и докладым къызэрыхэщамкIэ, IэнатIэм зыкъыхуэзыгъазэхэм я бжыгъэм хэщIащ: илъэс блэкIам къриубыдэу апхуэдэхэр 116-рэ хъуауэ аращ. Абыхэм я нэхъыбапIэми хьэрычэтыщIэм и телъхьэу Iуэхур зэфIэха хъуащ.
ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ IэнатIэм къэралми ди республикэми зыщиужь, зыщиузэщI зэпыту йокIуэкI, и пщэрылъ къалэнхэр зэрызэфIих мардэхэр иригъэфIакIуэу.
* * *
Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министерствэм и къулыкъущIапIэм и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Кужонов Жантемыр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щигъэгъуэзащ IуэхущIапIэр блэкIа илъэсым зэрылэжьамрэ мы гъэм ящIэну я мурадхэмрэ.
2023 гъэм IэщIагъэлIхэр хэплъащ хабзэ мардэу ягъэува проект 717-м, дэфтэр 736-рэ къапщытащ. Абы къагъэлъагъуэ лэжьыгъэр тэмэму зэрызэтеублар.
КъулыкъущIапIэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ цIыхухэм пщIэншэу юристым и чэнджэщ иратыныр. Абы папщIэ Къэрал юридическэ бюро къызэрагъэпэщащ. Нэгъабэ абы зыхуагъэзащ цIыху 1028-м. Хабзэм къигъэувыр цIыху 1020-м гурагъаIуащ, адрейхэм я Iуэхур иджыри зэфIэкIакъым, лэжьыгъэр йокIуэкI.
Iэтащхьэмрэ унафэщIымрэ тепсэлъыхьащ хабзэм емыбэкъуэныр къызэгъэпэщыным, фейдэ къегъэщIыным емыпха IуэхущIапIэхэм якIэлъыплъыным, адвокатурэм, нотариатым, нэчыхь тхыным, нэгъуэщIхэми.