IэнатIэм и зэфIэкIхэр ягъэлъагъуэМэзкуу къалэм и «Крокус Экспо» центрым гъатхэпэм и 19 - 21-хэм щекIуэкIынущ туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ ехьэлIа 30-нэ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэр. Абы хэтынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэри. Дунейпсо утыкум ирахьэнущ турагентствэхэм, туроператорхэм, хьэщIэщхэм, цIыхухэм щIыуэпсым и дахагъэкIэ къулей щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зыщегъэплъыхьыным пыщIа IэнатIэхэм, нэгъуэщIхэми нобэ яIэ зэфIэкIхэмрэ я ехъулIэныгъэхэмрэ. Псом хуэмыдэу, зыплъыхьакIуэхэр нэхъыбэу зыщIэупщIэ, ахэр къызэрыдахьэх, щIэуэ къежьа я Iуэхутхьэбзэхэр ягъэлъэгъуэнущ. Туризм IэнатIэм пэрытхэм я зэхуэсышхуэм кърихьэлIэнущ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 58-м, хамэ къэралу 29-м я лIыкIуэхэр. Мы гъэм абы япэу къыхыхьэнущ Корее Ищхъэрэр, Запорожье, Херсон областхэр, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я къалащхьэ Абу-Даби. Гъэлъэгъуэныгъэм и лэжьыгъэм хыхьэу къызэрагъэпэщынущ Iуэхугъуэ 20-м щIигъу: хьэрычэтыщIэхэм я зэIущIэхэр, конференцхэр, презентацэхэр, егъэджэныгъэ семинархэр, нэгъуэщIхэри. Гъэлъэгъуэныгъэм стенд щхьэхуэ щыхухахынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым туризм IэнатIэм щиIэ ехъулIэныгъэхэмрэ зэфIэкIхэмрэ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 17:09 →
Хэт и дамэр нэхъ кIыхь?
08.05.2024 - 16:06 →
Зауэм и бынхэм гулъытэ хуащIу
08.05.2024 - 14:02 →
Радиом и махуэм теухуа телечэщанэ джэгу
08.05.2024 - 13:00 →
Зи пIалъэр икIахэр къуащэнукъым
08.05.2024 - 12:38 →
ЛIыгъэ зыхэлът
|