ХьэщIэхэм дыкъыхагъащIэ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ Краснодар крайм, Ростов областым, Дагъыстэным, Кърымым, Къэбэрдей-Балъкъэрым я командэхэр. 
ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэпеуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь япэ увыпIэр иратащ Краснодар крайм, етIуанэр Таганрог къалэм къикIахэм, ещанэр къахьащ Кърымым и регбистхэм. Ди командэр етхуанэ хъуащ. 
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр, щIыхь тхылъхэр, кубокхэр иратащ. Абы нэмыщI нэхъыфIу къалъыта спортсменхэр саугъэт щхьэхуэхэмкIэ ягъэпажащ. 
Регби 7-мкIэ зэпеуэр къызэрагъэпэщащ регбимкIэ «Центр»  академием, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм, «Налшык» спорт еджапIэм, КъБР-м РегбимкIэ и федерацэм. 
ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться:

Читать также: